From Wikipedia, the free encyclopedia
Шы (лат-бз. Equus ferus caballus) — псэущхьэ, мылъапэтӀуанэхэм ящыщщ, Ӏэсэ хъуауэ зи закъуэ къэнэжа лӀэужьыгъуэщ шы Ӏэлхэм щыщ дунем къытемнэжахэм хуиту псоуэ. Шыр илъэс блэкӀа милыуан 45-55 хуэдизым зэфӀэуващ, зы псэущхьэ мы иным къыхэкӀауэ иджырей гъэщӀэгъуэным нэсауэ. ЦӀыхухэм Ӏэсэ ящӀын щыщӀадзар шыхэр илъэс 4, 000 ди лъэхъэнэм я пэм. Шыхэм я нэхъыбэхэр Ӏэсу щыт щхьэкӀэ, къэнэжауэ щыӀэ зы закъуэ шы Ӏэл лӀэужъыгъэ Пржевалскэ и шы, хуиту псэуэ ауэ Ӏэсэ шыхэм къатекӀауэ щытыр.
Шыхэм я Ӏэплъэпкъыр лъэшу щытщ, кӀэху, псынщӀэу щытыфыным теухуауэ, ар сыт щыгъуи къащхьапэт захъумэным папщӀэ нэмыкӀ псэущхьэхэр щащакӀуэм ядеж, абым нэмыкӀыу я шэным хэлъ: жэн иэ зауэн.
Шыхэр (лат-бз. Equus) псалъэм мыхьэнэ зэрихьэмкӀэ — дунейм щыпсэу закъуэ псэущхьэ лъэпкъ шыхэм ящыщ е мылъапэтӀуанэхэм (лат-бз. Equidae s. Solidungula), зэхэдзыгъуэкӀэ мылъапэтӀуанэхэр (лат-бз. Perissodactyla). Унагъуэм и тӀуанэ цӀэм зэригъэлъагъуэмкӀэ гулъытэгъу псэущхьэхэм ядеж щытыр я лъакъуэхэра, зы лъэхъуамбэшхуэ Ӏэжьанэ бгъуэ тету. Щхьэр кӀыхьу щытщ, нэӀур хуэпсыгъуэкӀыхьу. Куэдрэ шыхэр цӀыхум нэхъ къыхуэщхьэпӀэ псэущхьу и гъащӀэм щытащ, ауэ меканикэм зэфӀэувэн зэркӀидзэрэ шыхэм я щӀэсэгъуэр кӀуэд хъуа. Псалъэ зытӀущ шыхэм теухуауэ: бзыр - шыбз, шым и шырыр - шыщӀэ, шы сэкӀар - алашэ.
Шыхэр губгъуэшхуэхэм, прериэхэм исын нэхъ я щӀасэщ, ящакӀуэ псэущхьэ къатеуэ хъумэ хуиту зэрыжэфынухэм хуэду щытыным щхьэкӀэ.
Шыхэм пылъ шъэныгъэм цӀэ зэрихьэр ипологиэ.
Шым и Ӏэплъэпкъыр бэуэ щӀэныгъэхэмкӀэ зэфӀэгъувауэ щытщ, псалъэ бжыгъэкӀэ зэхэгъэкӀауэ. Абым нэмыкӀыу шы къудейхэм я теухуауэ псалъэ бжыгъэ щыӀэщ лӀэужьыгъуэхэм, я фэм, ныбджым я мыхьэнэр зэрахьэу.
ЛӀэужъыгъуэмрэ, зэраӀыгъымрэ, здэпсомрэ елъытауэ Ӏэсэ шым нобэкӀэ къагъэщӀыр илъэс 25-30 хуэдизщ[1]. Ар гъэщӀэгъуэгъуэ, ауэ, псэущхьэ зытӀущым я ныбжыр илъэс 40 фӀэкӀауи псэуахэщ[2]. Нэхъ жьыдыдэу къэӀуэхугъуэ щыӀэр, гъэзэкӀа хъууэ «Old Billy» шыращ, XIX лӀэщӀыгъуэм щыщу, абым илъэс 62 къигъэщӀащ[1]. Иджырей зэманыгъуэм Гинесс и тхылъ дунейпсо рекордхэмкӀэ хэхьар нэхъ гъащӀэ кӀыхь пони доуэ «Sugar Puff», 2007 гъэм лӀа, и ныбжыр илъэс 56 ирикъуауэ[3]. Шыр къыщыхъуа махуэдыдэм емлъытауэ, гъэлъэгъуэнхэм щыхэтым деж и ныбжыр илъэскӀэ хагъахъуэ щӀышылэм и 1-м щыщӀэдзауэ щӀыгум и ишъхъэрэгъуэм[1][4] шышъхьэӀум и 1-м шӀыгум и ипшъэгъуэм[5]. А хабзэм хэмыхьэр шууным хэт псэушъхьэхэра, конкуренциэм хэтыфыным шъхьэкӀэ шым и ныбджыр и махуэ къызэрхъумкӀэ ябжыр[6]. Шыхэм я ныбджыр, нэхъ тэрэзу къэшъа зэрыхъынур, хэгъуэщэгъуэ хэмыту и дзэхэмкӀэ[7].
Псалъэ къагъэсэбэпхэр шыхэм я ныбжым теухуауэ:
ИлъэситӀым фӀэкӀаху шыхэр зэхадзын ящӀыр цӀэкӀэ
Адыгэхэм къагъэсэбэп псалъэхэр, шыхэр зэрзэхагъэкӀымкӀэ (псалъэм папщӀэ, шыбзхэм ятехуэкъым ищӀагъым кӀуэну псалъэхэр):
Ӏэгур дунейпсом стандарту къашта кӀыхьэгъщ, шыхэм я лъэгагъэр зэрапшымкӀэ, зы «Ӏэгур» зэрыхъур см 10,2 иэ дуйм 4-м, шым и лъэгагъыр щӀым щыщӀэдзауэ жалым нэгъунэ. Къэралхэм я нэхъыбэм шыхэм я лъэгагъыр япшыным папщӀэ сантиметырхэр къагъэсэбэпын щӀадзащ, ауэ, «Ӏэгур» иджыри куэдым къагъэщхьэпэщ пшэным папщӀэ, шы цӀыкӀуу хъуахэмрэ понихэмрэ зи лъэгагъыр «Ӏэгуипщым» фӀэмыкӀхэр дуймхэмкӀэ е сантиметырхэмкӀэ япшэ[7]. Дуймищ быщӀ хъуну я зэхуакум дэтхэр "пщӀанэ инагъ" хуэду макӀуэ, абым папщӀэ, ятхмэ, шым и инагъыр 14,1 - къикӀыр - Ӏэгу 14-рэ дуйм 1-рэ.
Шым и лъэгагъыр зэрапшэр и дэмэгъуэм дежь, пшъэмрэ кӀыбымрэ здызэхуэзэхуэзу и нэхъ лъэгапӀэм. А пӀэр пшыгъу къыкӀыхахар анатомиэмкӀэ нэхъ лъэшыгъу, зызэримхъуэкӀыу зэрыщытым шъхьэкӀэ, шъхьэмрэ пшъэмрэ ялъытамэ, драхьэ-ирачэху щытхэм.
Шыхэм я инагъыр зэпхар лӀэужъыгъуэ зыщыщым, и Ӏусым псом нэхъыбуи зэркӀэлъыплъым. Абым пэмыкӀыу, шыхэр я инагъкӀэ зэрзэшъхьэщыкӀхэр: псынкӀэ зекӀуэшхэр - я лъэгагъыр Ӏэгу 14 щыкэдӀзауэ 16 нэс (142 - 163 см хуэдизу щыт), я хьэлъагъыр кг 380 щыкӀэдзауэ 550 нэсу[9]; зекӀуэ шышхуэхэр - я лъэгагъкӀэ Ӏэгу 15,2 щыкӀедзэ (см 157) куэдыр носыфхэр Ӏэгу 17-м (см 173), я хьэлъагъыр кг 500 щыкӀэдзауэ 600 нэс [9] ; хьэлъэшхэр - нэхъ индыдэхэра, я лъэгагъыр Ӏэгу 16 щыкӀэдзауэ 18 нэс (см 163-183), я хьэлъагъыр кг 700 щыкӀэдзауэ 1000 нэсыфыну[9].
Тхыдэм хэту нэхъ индыду щыта хъуныр Шайр лӀэужъыгъуэм щыщ шы «Mammoth» зи цӀу щытар, къащахъуатэр 1848 гъэм. И лъэгагъкӀэ см 220 хъут, нэхъ индыду щыту щачэчам и хьэлъагъыр кг 1,500 хъут[10]. Шыхэм я нэхъ цӀыкӀу дыду хъуар «Thumbelina» ныбджкӀэ зэфӀэува шы, ауэ и инагъкӀэ хэмыхъуар. И лъэгагъыр см 42-м фӀэкӀкъым, и хьэлъагъыр кг 26 мэхъур[11]
Пони - шыхэм парикӀи яшъхьэщыкӀхэкъым. Зэрамыхьч къуэдеуэ щытыр я лъэгагъыра. Дунейпсом пони джоуэ ябжхэр шы цӀыкӀухэра, зи лъэгагъыр дэмэгъуэм дежь см 145 фӀэмыкӀыр иэ Ӏэгу 14,2-м[12]. Ауэ, лӀэужъыгъуэ гуэрэхэр, понихэм ящыщу а лъэгагъым фӀэкӀыфынухэ уэлс кобам хуэдэр, ауэ, тӀум щыгъуи поним хабжэну. Я зэшъхьэщыкӀыгъуэ зэрзэхагъэкӀыр я лъэгагъ закъуэракъым я фенотиприра. Нэхъыбу абы гу лъыптэ зэрыхъунур я сурэтымрэ я шэнымрэкӀэ. Понихэм я шъхьэцыр, кӀапэхэр, цыр нэхъыбэм нэхъ Ӏуву щыт, икӀи я лъакъуэхэр нэхъ кӀэкӀыу щыт, къумшъэхьэр нэхъ хьэлъэ, пшъэр нэхъ бгъуэ, шъхьэр нэхъ кӀэкӀ натӀэ бгъуэ иӀу.
Шым я фэ - цым, фэм, нэхэм я фэр. Нэхъ япэреуэ шым и къэӀохугъуэ щыт. Джэдухэмрэ хьэхэмри хуэду, шым и фэм генетикэ мыхьэнэ зэрехьэ, фэ зэхэлъыгъуэмкӀэ, пигментхэм я зэхэкӀыгъуэмкӀэ джоуэ. Шым и цыр зы фэуэ щыту, ауэ нэмрэ фэмрэ зэщымыщмэ, иэ, пкъым и фэр зыуэ щыту ауэ шъхьэцымрэ кӀапэмрэ яр пэмыкӀмэ, я фэр (сурэт) зэщымыщу щытыфыну. Ауэ, зы фэр (сурэт) нэхъ нэху иэ нэхъ кӀынфӀу щытыфыну, куэду зэшъхьэщыкӀху[13].
Адыгэхэм къагъэсэбэп цӀэхэм ящыщ, шы плъыфэм теухуауэ
брул | зи цыр тхъуауэ щытыр кӀыфэпсомкэ |
гъуафэ | плъыжь, гъуабджэм нэхъ хуэкӀу |
къуафцӀэ иэ къарэ | фӀыцӀэ |
къэбыфэ | гъуэжь, къамылыфэм нэхъ хуэкӀу |
къуэлэн | уэгу щытыр, и фэр схуэдэми емылъытауэ |
пцӀэгъуэплъ | гъуабджэ, фӀыцӀэм нэхъ хуэкӀу |
пкӀэгъуалэ | хужь иэ псыфэ |
фэкъу | схуэдэ фэми емылъытауэ, зи натӀэр хужьу щыт |
шыгъуэ | плъыжь |
Шым и фэм теухуауэ гурышхъуэ бэуэ яшът адыгэхэм, абыхэм ящыщ:
Махуэ 335 - 340 хуэдизкӀэ (мазэ 11)шыр псэф[14]. Нэхъыбэм ядежь, шыбзым зы шыкӀэ къелъхур, ауэ зэзэмызэкӀэ тӀуани къохъухэр. Лъхуэныр тэрэзу екӀуэкӀмэ дэкъикъэ 15 щыӀкэдзауэ 45 нэс зэфӀокӀхэр[14]. ШыкӀэ бзыхэр махуэ 2-7 нэхъ кӀэху къохъухэр хъухэм елъытамэ. ШыкӀэм и нэр къэплъауэ дунем къытохьэ, дэкъикъэ зытӀущ текӀауэ, къэхъуа нэуж и лъэ тоувэфыр икӀи зокӀэфыр, быдзычэм мазэ 4-6-кӀэ кӀэс, апкӀэнтӀэху и япэрей дзэхэр къыхокӀыр, япэрыт дзитӀхэр махуэ 8-14 текӀауэ къэхъуа яуж къыхокӀхэ, адрейхэр къыкӀэлъыкӀуэхэр тхьэмахуэ 2-3 текӀауэ, мазэ 5-6 текӀауэ къэхъуа яуж дзэжъхэр къахэпшын кӀадзэ. Япэрыт дзэхэр илъэситӀым я тӀуанэм зызэрахъуэкӀхэр, абыхэм яуж итхэм илъэсищым я тӀуанэм тежь, яужырытхэр илъэсиплӀым я тӀуанэм, абыхэм ядэкӀыгъу дзасэхэри къыхопшхэ; абым яуж ныбджыр дзэхэмкӀэ къашъэ, апэрыт дзэ жэпкъым хэтхэм гъуанэ тетхэмкӀэ, зэбгъэгуэт япу щытхэм илъэс 5-6 токӀхэ, къакӀэлъыкӀуэхэм илъэсиблым дежь, дзэжъхэм илъэсийм, абым яужым гъуэнэхэр апхуэдэ зэманыгъуэ къабзу ишъхьэдзэхэми текӀын кӀадзэ. Илъэс 11-12 щыкӀэдзауэ, дзэуэ хъуам гъуанэхэр щытекӀам, шым и ныбдж къэшъэныр нэхъ гугъу мэхъур. Илъэсищ ирикъуа шыр ӀэплъэпкъкӀэ зэфӀэувауэ щыт.
1 — натӀэц; 2 — пэ; 3 — жьэгъу джабэ; 4 — пщэлъынтхуэ; 5 — щхьэпхэтӀыгу; 6 — пщэ; 7 — соку; 8 — жал; 9 — уанэтелъхьэпӀэ/шыбг; 10 — кӀэсыпӀэ; 11 — шхужь къуапэ; 12 — пхэщӀ егъэзыхыпӀэ/кӀэнтӀыӀу; 13 — куэ; 14 — кӀэпкъ; 15 — пхэщӀыщхьэ лъагапӀэ; 16 — кӀэ; 17 — бгъэгу лъагапӀэ; 18 — ӀэфракӀэ; 19 — лъэгуажьэ зэрытыпӀэ; 20 — фӀалъэ лъэдий; 21 — лъэӀэгъу зэрытыпӀэ; 22 — лъэӀэгъу; 23 — лъащхьэ; 24 — лъабжьэ; 25 — ӀэфракӀэ зэрытыпӀэ; 26 — блыпкъ; 27 — блатхьэ, 28 — джабэ; 29 — ныбэ; 30 — куэбзэпс (хъухэм)/жэрыбз (бзыхэм); 31 — гъубзиикӀэ; 32 — кӀэбдз; 33 — кӀэбдз зэрытыпӀэ..[15].
Шым и скелетым къумшъхьу 205 хэт. ЗэшъхьэщыкӀыгъу щытыр цӀыхумрэ шымрэ я къумшъхьэ зэхэтыкӀэм, шым блыпкъ къумшъхьэ зэримыӀэр - шым и гупэлъакъуитӀыр джабэм лъыпцӀэ увхэмкӀэ пышъауэ щытхэ, и дамэ къумшъхьэри и пкъым тракъузу. Шым и лъэхэмрэ и лъэгухэмрэ гъэшъэгъуэныгъу щытхэ. Я лъэ къумшъхьэхэр, цӀыхум ехэм елъытамэ, зэхуэзанкӀэху макӀуэхэ. Зэхуэлъытэгъуэ шъыным шъхьэкӀэ, шым и лъэгуанджэр къумшъхьэ зэрзэхэтхэр цӀыхум и Ӏэпшъэр зэрзэхэт къумшъхьэхэм хуэдэ къэрабзэ. Апхуэдэ зэхуэлъытэгъуэкӀэ и кӀыбымкӀэ щыӀэ лъэхэри зэфӀэт, и кӀыбым ит лъэгуанджэхэр цӀыхум и лъапшъэмрэ-лъэдакъэмрэ я зэфӀэтыкӀэм хуабгъэлъытэ хъуну[16]. Абым пэмыкӀыу шым и лъэгуанджэ кӀагъхэм лыпцӀэ кӀэлъкъым - фэ, цы, къумшъхьэ, хуэ, хъыщтхэр, зэпыдзэхэр джоуэ а и лъэгур фэ бжыгъэкӀэ зэхэт-зэтеубыдахэм къыхокӀыр[16].
Шы лъабжьэр - лъэхъуамбэм бжъэгъу телъ, ауэ, Ӏув Ӏэуэ щыту, кератинрэ пигментрэ бэуэ зыхэлъ фэм и шъхьэгъу, Ӏэхъуамбэхэм ятет Ӏэбжъанэхэм яхуэбгъэлъытэ хъуну абымкӀэ. Ауэ, и кӀуэцӀ дыдэм хэт шъхьэгъур, дермэм Ӏухьэм пигментхэр хэлъкъым ар кӀы шъхьэгъура. А шъхьэгъум и целлулахэр зэпамыуду мэгуэчхэр, ахэра бжъэгъум и нэхъыбэр къызхэкӀыр.
Лъэгум и лъапэм щыкӀэдзауэ сантиметрэ тӀу-щыкӀэ дэкӀуэуэ бжъэгъу фэ пӀакӀыу миллиметрэ зытӀущ хъууэ и Ӏувагъыр телъ, абым лъэгур ехъымэ псы зкӀимгъэфу[16].
Адыгэшхэм я лъабжъэ быдагъэмрэ я сурэтымрэ къыхагъэкӀ адрей шы лӀэужъыгъуэхэм. Адыгэшхэм я лъэгудыгъуэр езы лъабжъэм кууэ, кӀуэцӀым илът, езы лъабжьэр хъуреуэ, лъагу щыту, къумшъхьэм хуэду быду.
Шым и джаныгъэр цӀыхум ем нэхърэ куэдкӀэ нэхъыфӀу щыт. Псэушъхьэшххэм зыщахъумэным есахурэ, дуней зыхэтым, я хъуреягъэм къэхъулӀэм шыхэр яхуэсакъу щытхэ счыгъуи[17]. Я нэхэр адрей шэрыпӀ шӀым щыпсохэм ялъытамэ нэхъ индыду щытхэ, икӀи шъхьэм и бгъумкӀэ щыӀэхэ. Шыхэр я лъэгъукӀэр 350 ° фӀокӀыр, абым 65 ° щыщыр бинокулар лъэгъукӀыу щыт, адрей 285 ° монокулар лъэгъукӀэ. Шыхэм дэгъу джэщми махуэми ялъагъухэ, ауэ фэуэ зэхазыф къуэдер фэхэм тӀу — плъыжьрэ удзыфэрэ, цӀыху нэфыгъэм (далтонизм) хуэду, плъыжь зыхэлъхэр нэхъ къабзу ялъагъур, къуэлэныфу щытхэр удзыфэ хуэду ялъагъу[18].
Я тхьэкӀумэхэр лъэшу щытхэ, 180 ° нэгъунэ ягъэзэфху лъэныкъуэ зэщымыщхэм, абыкӀэ 360 ° хъууэ, икӀи абым шъхьэкӀэ я шъхьэр мыхъеуэ къэнэфыну[17]. ЦӀыхум нэхъри нэхъыфӀу мэхэр къакӀыхьэ шъхьэкӀэ, шыхэр я пэм щыгугъэ хутралъхъу щыткъым, нэхъ лъэшу я Ӏэплъэпкъым щытыр я нэхэра[17].
Шыхэм ӀэфӀагъыр фӀыуэ зэхахыфу щытхэ, Ӏусыр абым шъхьэкӀэ зэхадзыр езыхэм ягу ирихьэр хахын шъхьэкӀэ, я ӀупэхэмкӀэ шыхэм джылэ нэхъ цӀыкӀу дыдэхэри зэхадзыфу щытхэ.
Шыхэм я лӀэужъыгъэхэр бжыгъэ мэхъухэр куэдкӀэ зэшъхьэщыкӀху. Абым пэмыкӀыу шыхэм я тип зытӀущ къыхагъэкӀхэр, нэхъ зытегъэпсыхьам елъытауэ. 1993 гъэм дунейспом 427 шы лӀэужъыгъу тету къаӀохуа.
И Ӏэплъэпкъым, гъэсэным, шхэным елъытауэ езы шыри зэрыхъунур мыхьэнэ хелъхьэ, къыхагъэкӀхэр — хьэлъэзешэш, уанэш, шыгъажэш.
Шыхэм я зэщымыщ лӀэужъыгъэхэр зэрзэхагъэкӀхэр:
— шӀыпӀэ къызхэкӀахэмкӀэ
— зытегъэпсыхьахэмкӀэ
— къызхэкӀахэмкӀэ
— зехуэнымкӀэ
Дунейпсом, лъэпкъ бжыгъэхэм шыр лэжьыгъэ бжыгъэхэм шъхьэкӀэ къагъэсэбэпт, и псынкӀагъэр, лъэшыгъэр абым ешъхьэпу. Иджыр къыздынэсым нэхъыбэм дежь псэушъхьэ лэжьыгъэм щыхэдэм нэхъыбу къыхаххэр шыхэра. МакӀыу, зэзэмызэкӀэ хом, зэнкӀэ зекӀуэным щыхуэныкъуэхэм дежь шым ипӀэкӀэ нэхъ шъэху щыт къыдырхэр, выхэр иэ махъшэхэр къагъэсэбэп шым и шэн джаным зэраныгъуэ къыхэмыкӀын шъхьэкӀэ.
Аутоматикэмрэ механикэмрэ дунер зэрекӀуэкӀам емылъытауэ, шыхэр иджыри къыздынэсым куэду къагъэсэбэпыр хадэ вэным, мэкъу дэшыным, мылъку мыинхэр зэрешэнымкӀэ, къушъхьэхэм зекӀуэнымкӀэ, былым гъэхъуным. Ветеренархэр, мэзхъумэхэр иэ пэмыкӀэ лъэжьыгъэм щыщ хулъхугъэхэр шыхэм куэду яхуэныкъу щытхэ, нэхъ кӀасу ар къызхэкӀыр къушъхьэ лъэныкъуэхэм дежь, гъогухэр гугъу здэщытым.
Дунейпсом и лъэпкъ нэхъыбэхэм шыхэр я лыми шъхьэкӀэ зэрахуэхэ. Адыгэхэм зэи шыхэр я лым шъхьэкӀэ зэрахуэхэтэкъым, адыгэ шхыни шылкӀэ яупшъэфӀ щыӀэкъым.
Еуропей лъэпкъхэм шылыр хьэӀус хуэду ягъакӀуэт счыгъуи я тхыдэм, лъэпкъ гуэрэхэм шылымрэ шыбзычэмрэ я шхын къыхах. Шыбзычэм къыхах шхур (къымыс) - цӀыху узыншагъэм къышъхьэпу ялъытэр, джаныгъэ цӀыхум ириту шхалъэ иэ тхьэмбыл къызэузхэм яшъхьэпу. Иджырей зэманым куэдым шыбзычэмкӀэ бгъэкӀэс сабийхэр ягъашхэ.
Шылым нэхъ кӀасу здыпылъхэр КъукъазкӀыбагъу къэралхэм, Азиэ Курытым, Еуропэм (Фрэндж, Урым, Белгэ). Еуропэ къэрал къебжэкӀахэм Японым, Якутиэм шылыр шын нэхъыфӀхэм ящыщу къалъытэр. Шылъыр тхьэмкӀыгъум къышъхьэпу щыт цӀыхум гъуэжьуз къеуза яуж, шым и шэр шӀэӀэм писыкӀам, шӀэӀэ къызхэхьэхэм и гъэхъужьыным шъхьэкӀэ къагъэшъхьэпэр.
Шыхэр зэуэхэм япэреуэ хагъэхэн здыкӀадзар Псыхъуэзэхуакум (Месопотамиэ)илъэс минищкӀэ ди лъэхъэнэхэм я пэм. X ди лъ. я пэм абыдежьым япэрей шухэр къожьэ. Абым щыкӀэдзауэ къагъэсэбэпын кӀадзэ зауэхэм лъэпкъу хъуам шыхэр здэпсэуа хэкухэм. Шыхэр къэралыгъуэ мылъку къалъытэн кӀадза: шыфӀ щымыӀэмэ зауэм текӀуэныгъи щыӀэнукъым. Абым шъхьэкӀэ шы кӀэлъыплъыныр зэуэлӀхэм я пшъэрылъ хъуа. ЦӀыхухэм шы лӀэужъыгъэхэр къыхагъэкӀхэр, шыхэр нэхъ лъэшху, нэхъыфӀ хъууэ, я ӀэплъэпкъкӀи я сурэткӀи.
XX лъэхъэнэм и кум нэс шым и мыхьэнэр хьэлъэзешэ хуэду индыдэ хъуат. ЕДЗ-м и кӀэдзэгъуэм дежь, къэрал зау хъуам я топыдзэхэр, шыхэм зэрачэхэт.
Шыхэр схуэдэ шӀыпӀэми пхырокӀыфхэр, аутом елъытамэ. Абым шъхьэкӀэ мэзхъумэ гупхэм шыхэр хьэлъэзешу, мылъкузешу къагъэсэбэпхэ.
Ди зэманым шыхэр полициэм, пэштыхьхэм иэ президентхэм яцӀэ зэтеӀуа шуудзэ гупхэм къагъэсэбэпыр. Псалъэм папшъу къэрал зэфӀэува куэдым я пэлициэм къалэхэм нэхъыбу шыхэр къыхах нэхъ тынчыгъу, аутор куэдым здыхэмыхьэфынум, здэпхырымкӀыфынум дежь шыр счыгъуи хэкӀыфыну.
Лъэпкъу хъуам шы зехуэным епхауэ шытхэтэм пкӀэшхуэ а псэушъхьэхэм хуашъхэт пэсырейдыдэ зэманыгъуэхэм ящыкӀэдзауэ Ӏэшъагъэхэм, уэрэдхэм, таурыхъхэм, усэхэм, лэчтхыгъэхэм шыхэр зыхэтыр бжыгъэ.
Адыгэхэми хабзэ бжыгъэ яӀа шыхэр хэту. Абыхэм ящыщу къэӀохуа хъунухэр куэд темыкӀауэ лъэпкъым хэлъахэр пщым иэ лъакъуэлъэшым и хьэдэ кӀэлъхьэм хэтамрэ и илъэс хьэдэӀусыр зэрырагъэкӀуэкӀтэмрэ. Хьэдэ кӀэлъхьэм щыгъуэ машэм хьэдэр иралъхьа яуж и шыр щэ ихъуреягъкӀэ къырачэкӀт, яужым Хьэдырхэ ехыжьам и зы къуэхэм ящыщым и адэм и сэшхуэр салъэм къырихти шым и тхьэкӀумитыр пиудт. [20]. ЕтӀуанэ къэӀохугъуэр илъэс хьэдэӀусыр зэрырагъэкӀуэкӀтэра — зэркӀадзэтэр шыгъажэкӀэ, ар къэзыхьахэм (япэрей нэрыбгищым) шы Ӏэмэпсымэ, уанэ, пщылӀ, Ӏэшэ къалъысыфынухэт. Шыгъажэм яуж цӀыхухэр Ӏэнэм хуашэхэт, хьэдэӀусым яуж пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я шыхэр Хьэдырхэ ехыжьауэ зи хьэдэӀус ирагъэкӀуэкӀым и къашъхьэм идежь къачэхэти я тхьэкӀумакӀэхэр паудхэт сэшхуэкӀэ, яужым шэкӀ лъапӀэ ятрапхъуэт «шыджанэ». Яужым шухэр гупитӀу зэхэкӀхэти джэгу кӀадзэт, зэкӀэлъежьэху, япэ итхэм я «шыджанэхэр» къытрахыным пылъху, а джэгум яуж пэмыкӀ къыкӀэлъыкӀуэт «дэфэзехьэ шыгъажэ».
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.