From Wikipedia, the free encyclopedia
Къуалэбзу́хэр (лат-бз. Aves) — къэбзий хэкӀ, лъыхуабэхэм ящыщ джабэрыӀэ псэушъхьэхэр, зи япэрей лъапэхэр даму щыт. Япэреуэ къуалэбзухэм я Ӏэплъэпкъыр лъэтэным хутегъэпсыхьауэ зэфӀэува, ауэ джыпсту лӀэужъыгъуэ бжыгъэ щыӀэ мылъатэ къуалэбзуху. Абым пэмыкӀыу къуалэбзухэм къэлъытэгъу яхэлъыр я пэра. НобэкӀэ дунем лӀэужъыгъу тету къалъытэр 9, 800 фӀэкӀыу.
Къуалэбзухэр | ||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||
|
||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||
Aves | ||||||||||
ХэкӀ къуэдзэхэмрэ инфрхэкӀхэмрэ | ||||||||||
| ||||||||||
|
Япэреуэ псэушъхьэхэр тхыдэм систему зэхигъэкӀыным пылъатэр Аристотел, IV лъэхъэнэм и тхыгъэ «Псэушъхьэхэм я лъэныкъуэхэр» зицӀэтэмрэ «Псэушъхьэхэр къызхэкӀамрэ» джоуэ. А системэм лъэжьыгъэ зэрхуримыкъум емылъытауэ XVII лъэхъэнэм нэс псэушъхьэхэм я системэ шъэныгъэм хэтар ягъэтэрэзымын пыхьэхэтэкъым. 1676 гъэм тхылъ «Ornithologiae libri tres» къыдокӀ Виллоуби Френсис и Ӏэдакъэ къыкӀэкӀыу, хулъхугъэр дунем ехыжьа яуж тхылъым напашъхьэ телъу зэгъэзэхуауэ и нэӀуасэ Рей Джон къыдегъэкӀыжь. Ар япэрей лэжьыгъу щыт къуалэбзухэм хэкӀ къуэдзэ здыратым я сурэтымкӀэ я ӀэплъэпкъхэмкӀэ. Яужым 1758 гъэм Шуэцым щыщ шъэныгъэ хулъхугъэ Линней Карылым куэду а тхылъыр къегъэшъхьэпэ езым и тхылъ «Systema naturae» къыщыдигъэкӀым дежь.
Линней и системэмкӀэ псэушъхьу хъуар хыуэ зэхигъэкӀахэ, я хэкӀхэм (шэрыпӀхэр, амфибиэхэр, бдзэжьейхэр, хьэпӀацӀэхэр, хьэмблухэр) къуалэбзухэри зыуэ хъуахэ.
Иджырей къуалэбзухэр ифраскласс Neornithes-ым хохьэхэ, ари категориэ тӀууэ мэгуэчыжьыр — Paleognathae (нэхъыбэм абы хиубыдэр къуалэбзу мылъатэхэра, махъшэбзум хуэду); Neognathae — адрей къуалэбзууэ хъуам я лӀэужъыгъуэхэр хэзубыдэ. Я хэкӀ системэм елъытауэ лӀэужъыгъэхэм я бжыгъэри зэшъхьэщыкӀыу щыт: 9, 800 щыкӀэдзауэ 10, 050 носыр.
Гупшысыгъэ джыпсту нэхъ лъэшу щыӀэмкӀэ къызэралъытэр къуалэбзухэр тероподхэм къахэкӀаху. Шъэныгъэ хулъхугъэхэм мылъатэ тероподхэм я къумшъхьэ къагъуэтхэр нэхъыбэ кӀуэ пӀэтми зэрыхъум емылъытауэ, Ӏыхьлыгъуэр бзухэмрэ мыбзухэмрэ нэхъ къегъэлъагъуэ мэхъур. Япэм къеалэбзуэ зэрщытым шъхьэкӀэ псэушъхьэм къабзий иӀэн хуеямэ, лъэхъэнэ XX икӀэмрэ - XXI ипэмрэ Китаим и ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэм щыӀэ куей Лаониным деж теропод цӀыкӀухэм ящыщ къыкӀахахэ, къабзий ятетху, абыхэм нэхъри нэхъ гугъу яшъыр абымкӀэ къуалэбзухэм я гурыӀуэгъуэр.
Къуалэбзухэр дунем и континенту хъухэм мэпсохэ, Антарктидэм и курыт лъэныкъуэхэри хаубыду (хы Ӏуфэм км 440-кӀэ пэщылъу и кӀуэцӀ лъэныкъуэмкӀэ). ЛӀэужъыгъуэхэр нэхъ куэду я бжыгъэмкӀэ здызэшъхьэщыкӀхэр тропик лъэныкъуэхэм ядежь. Япэм апхуэдиз лӀэужъыгъуэхэм я бжыгъэр зэр гурагъаӀуэтэр дуней хуабэм идежь зэшъхьэщыкӀыгъуэр нэхъ кӀэху екӀуэкӀыу, хэкӀуэдэжьыгъуэми хуэду шӀыпӀэм епхауэ. Къуалэбзу лъэпкъ зытӀущыхэр хым щыпсоуэ хъуахэ, Ӏуфэм щынэсхэр чыр къырачын къуэдейм шъхьэкӀыу. ВымпӀухэм я лӀэужъыгъуэ гуэрэхэр псым метрэ 300 кӀоуэфхэр.
Къуалэбзухэм адрей джабэрыӀэхэм зэшъхьэщыкӀыгъуэ язытыр зэрлъэтэфхэра. Мылъэтэфу иэ мыкӀыу къэзылъэтыхь къуалэбзу лӀэужъыгъу 60 хуэдиз дунем тет, ауэ а псоми эволуциэр екӀуэкӀыхукӀэрэ а Ӏэзэгъуэр яфӀэкӀуэдауэ хъуа.
ПэмыкӀыу гулъытэгъу яӀэр къуалэбзухэм адрей джабэрыӀэхэм ямыхьчу ар я лъакъуэхэм лыпцӀэр лэшу зэрыщытыр, ар фӀыуэ зыгъэлъагъуэр къуалэбзухэр Chiroptera-хэмрэ птеразаурхэмрэ ябгъэлъытэмрэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ биологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Сэрахъэ Александр и тхылъ ц1ык1у "Дуней къуалэбзухэр" Ставрополь къыщыдэк1ауэ. Ар сурэтк1э гъэнщ1ащ, усэ тэк1уи щ1ыгъуу.
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.