From Wikipedia, the free encyclopedia
Хы хуит — территориэ хыхэм аткӀэ щылъхэу икӀи дунейм и зы къэралым и унафэ щӀымыту, хым и щӀыпӀэ. Хы хуитхэм дэтхэнэ къэралми лъэпкъыми я ижьхэр щызэхуэдэу щытщ[1].
Хы хуитхэр къыхэгъэщын щхьа признэкитӀ пщӀэн хуейщ:
Хы хуитым и псхэр къагъэсэбэп — Лъэпкъыгъуэ ижь императив принцип хуитыныгъэ унафэм къыхэкӀыу. Абы унафэу егъэув зы къэралым а псыхэми абы къащхьэщыт хьэуахэми я къэрал унафэ траувэ мыхъуну икӀи зы къэралым нэгъуэщӀ къэралым а псыхэм и къухь къызэрыригъэкӀухьым шэч трилъхьэ мыхъуну икӀи а кхъухьхэм пэрымыуэну.
А принципхэм я пщӀэр Хы хуитым и Конвенциэмрэ (1956 гъ), ЛЗО-м и хы ижь Конвенциэмрэ (1982 гъ) итхауэ итхэщ.
Хы хуитым и псхэм я хуитыныгъэхэр абсолутнэу щыткъым, абы теухуауи дэтхэнэ къэралыми игъэзэщӀэн хуейщ ЛЗО-м и хы ижь Конвенциэ 1982 гъэм ятхауэ щтар (напэ 87-рэ 89-рэ)[2]
Хы хуитым и хуитыныгъэхэм хеубыдэр:
Дэтхэнэ кхъухьми хы хуит псыхэм сытхуэдэ къэралми и ныпым щӀэту къикӀухь хъунущ (а къэралым хым Ӏухьэми хуиӀэу щытми щымытми).
Ӏэщэ кхъухьхэми мыдрей кхъухьхэм яӀэ ижьым хуэдиз ижь яӀэщ. Ауэ Ӏэщэ кхъухьэр хуиткъум а псыхэм Ӏэщэ къыщигъэсэбэпын.
Ауэ а псылъэм хуитыныгъэ куэд къыщекӀуэкӀхэми, псом нэхърэ нэхъыщхьэу абыхэм пират Ӏуэхухэр щебгъэкӀуэкӀ хъунукъым.
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.