From Wikipedia, the free encyclopedia
Хуэхуэлей е Украинэ (укр-бз. Україна) — къэрал Еуропэм икум хэт. Къалэ нэхъышъхьэр — Киеу.
Хуэхуэлей укр-бз. Україна | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «Ще не вмерла Україна» | |||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 1991 (зхэкӀар ССРЗ) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | Хуэхуэлейбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Киеу | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Киеу, Одесэ, Харкоу, Лвов, Днепропетровск | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Парламент президенту республикэ | ||||
Президент Премиер-министр | Владимир Зеленский Денис Шмыгаль | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр | 45-нэ дунем 603 628[1] км² 7 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр | 45 962 900[2] цӀыху (28-нэ) 76,14 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2010) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$179,604 млрд[3] (32-нэ) $3 995[3] (97-нэ) | ||||
ВКӀуП (ЩПЛъ) • КъыкӀыр |
$337,268 млрд[3] (33-нэ) $7 331[3] | ||||
ЦӀПЗИ | 0,710 (ин) (69-нэ) | ||||
Этнохоронимыр | Хуэхуэлейхэр | ||||
Сомыр (Валутэр) | гривнэ (UAH) | ||||
Интернет-доменхэр | .ua | ||||
Телефон кодыр | +380 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +2 | ||||
Хуэхуэлей Уикисурэтылъэм |
Хуэхуэлейр КъуэкӀыпӀэ Еуропэм хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэр: къуэхьэпӀэмкӀэ — Лахь жылэм, Слоуакэм, Мэжарейм, ипшъэ-къуэхьэпӀэм — Молдовэм, Румыниэм, къэрал къэмылъыта Днестырпыт Молдовэ Республикэ, ишъхъэрэмкӀэ — Урысыхум, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Урысейм.
ШӀыпӀэр нэхъыбэм губгъуэу щыт. Къушъхьэхэр къэралым ипшъэ-къухьэпӀэмкӀэ хэт (Хуэхуэлей Карпатхэр), Къымымрэ. ИпшъэмкӀэ Хы ФӀыцӀэмрэ Хы МыутӀэмрэ Ӏохьэ я Ӏуфэхэм. Псы нэхъ инхэр: Днепыр, Ишъхъэрэ Буг, Днестыр, Ишъхъэрэ Донец, Десна.
Хуэхуэлейм и инагъыр зэрыхъур 603 628 км2. Еуропэм и къэрал нэхъ ину щыт (псоуэ хэтхэм я щыщхэм).
Хьэуар къэралым и нэхъыбэм курыт-континенталу щыт, Кърымым и хы Ӏуфэм щымыхъукӀэ, абым хыкурыт климэту щыт.
XI—X лъэхъэнэхэм Хуэхуэлейм и шӀыпӀэм къэрал Киеу Урысей хэта. 988 гъэм пщы Владимир Святославовичым захуэ чыристэныгъэ къештэ, а диныр къэрал псом еуэ мэхъур Урысейм.
1237—1241 гъэхэм Киеу Урысейм хъан Батыйр йохьэри, къэралыр пщыхэку бжыгъэкӀэ зэхокӀыр. Хом-хомурэ ахэр Литоу Пщыхэкушхуэм хохьэхэ. 1569 гъэм Лахь Жылэмрэ Литоумрэ зэхохьэхэри зы къэрал мэхъухэ — Посполитым и Реч.
XV лъэхъэнэм Днепырыпэм и ипшъэ лъэныкъуэм Запорож къазакъыгъуэ къыхокӀыр, XVIII лъэхъэнэм нэс щыӀар, хамгъэкӀа кӀышъэ.
XVIII лъэхъэнэм Лахь Жылэм и шӀыпӀэр гуэчын щашъым иджырей Хуэхуэлейм и шӀыпӀэнэхъыбэр Урысей империэм хокӀуэр.
1917 гъэм револуциэ екӀуэкӀам яуж Хуэхуэлейм зэман кӀэкӀкӀэ къэрал хуитхэр щыӀахэ — джылэ республикэ Хуэхуэлей джылэ республикэ КъухьэпӀэ-Хуэхуэлейрэ джоуэ.
1919 гъэм гъатхэпэм и 10-м зы къэрал Совет Социал Республикэ Хуэхуэлей мэхъур. 1923 гъэм Урысейр, Урысыхур, КъуакъазкӀыбагъу къэралхэр джоуэ зэхэтху Республикэ Совет Социал Зэгуэтхэр къэралу зэхохьэхэ.
1991 гъэм щыкӀэдзауэ Хуэхуэлей къэрал хуит мэхъур.
2010 гъэм щӀышылэм и 1-м Хуэхуэлейм джылу дэсар зэрыхъутэр 45 822 214 цӀыху.
Хуэхуэлейм лъэпкъ дэсхэр (2001) | ||
---|---|---|
Лъэпкъхэр | Бжыгъэр, мин цӀыху |
% |
Хуэхуэлейхэр | 37541,7 | 77,82 |
Урысхэр | 8334,1 | 17,28 |
Урысыхухэр | 275,8 | 0,57 |
Кърымхэр | 248,2 | 0,51 |
Молдавхэр | 258,6 | 0,54 |
Болгархэр | 204,6 | 0,42 |
Мэжархэр | 156,6 | 0,32 |
Румынхэр | 151,0 | 0,31 |
Лахьхэр | 144,1 | 0,30 |
Журтхэр | 103,6 | 0,21 |
Ермэлыхэр | 99,894 | 0,21 |
Алыджхэр | 91,548 | 0,19 |
Къэзанхэр | 73,304 | 0,15 |
Пэмыкхэр | 0,4 | |
Псори | 48240,9 | 100 |
Хуэхуэлейм и экономикэр 39-й пэр иыгъ ВКП-кэ (2009).
Хуэхуэлейр индустриал-аграр къэралу щыт. Лэжьыгъэ япэреуэ щытхэр — гъушӀ-лэжьыгъэ, химиэ-лэжьыгъэ, шӀыкӀэлъ-лэжьыгъэхэр, энергиэ-лэжьыгъэхэр.
Хуэхуэлейр унитар къэралу щыт, област 24 хэт, Аутоном Республикэ Кърым. Къалэ Киеумрэ Севастополымрэ хэгъэза статус яӀэ.
Хуэхуэлейм и дзэр щызэхэхьар 1991 гъэм шышъхьэӀум и 24-м. Хэтыр (2010 гъэмкӀэ) 200 000 цӀыху.
Дзэр щыуэ зэшъхьэщокӀхэ — зекӀуэдзэ, уэгузауэдзэ, хыдзэ джоуэ.
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.