Стенли (ин-бз. Stanley) — Британиэшхуэм и хамэ щӀыпӀэ департамент Фолклэнд тӀыгухэм я къалэ нэхъышъхьэ.
Къалэ нэхъышъхьэ
|
Къалэр Атлантикэ хышхуэм и ипшэ-дыгъэкъухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзащ. Ипшъэ Америкэм нэс 500 км дэлъщ.
Къалэр тӀыгу ДыгъэкъуэкӀыпӀэ Фолклэндым тетщ, Атлантикэ и хы Ӏуфэм деж.
КилометрихукӀэ дыгъэкъуэкӀыпӀэкӀэ бгъазэм къэралым и аэропорт щытщ.
Стенли 1843 гъэм яухуащ, Фолклэнд тӀыгухэм я къалащхьэ зэращӀыным хуэдэу. Абы япэ хэкум и къалащхьэу щытар Стенли нэхъ ишхъэрэкӀэ гъэзауэ щыт Порт-Луис къалэщ.
Къалэм лорд Эдуард Джефри Смит-Стенли и фэеплъу Стенли фӀащащ. Абы а зэманым Британиэшхуэм и хамэ щӀыпӀэхэм и кӀэлъыплъэгъуу зэрыщытам къыхэкӀыу.
Къалэм 2006 гъэм зэрабжамкӀэ 2 115 цӀыхуу дэсщ. Къэралым щыпсэ цӀыхум и нэхъыбапӀэр Стенли дэсхэщ.
- Къалэм и жыжэ фэ еплъыгъуэ
- Стенли
- Къалэм и почталъэ унэр
- Къалэм и зы уэрам
Wikiwand in your browser!
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.