From Wikipedia, the free encyclopedia
Хьэ (лат-бз. Hordéum vulgáre) — хьэ лӀэужьыгъуэ, мэкъумэш лэжьыгъэм и нэхъыбэм ягъэкӀыра.
Хьэ | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Hordeum vulgare Linnaeus, 1753 | ||||||||||||||
|
Ижь-ижьыж лъандэрэ цӀыхум къигъэкӀ хьэцэпэцэ лӀэужьыгъуэщ. Зы гъэкӀэ фӀэкӀ къэкӀкъым.
ЗанщӀэу дэкӀей и пкъ ку гъуанэхэм см. 80-120-м нэс я лъэгагъщ. И бзийхэм см. 20-25-м нэс я кӀыхьагъщ, см. 1-1,5-рэ я бгъуагъщ. Мэкъуауэгъуэм щхьэмыжхэр, хьэцыпэ бэуэ зытетхэр къыдедз, бадзэуэгъуэм жылэхэр мэхъу. Ищхъэрэ Къаукъазым бэуэ къыщагъэкӀ. Ар ягу, яхьэж, шхыныгъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къыхащӀыкӀщ. ӀусыпхъэфӀи мэхъу. Инджылызым, Еуропэм, Хъутейм, Японым, Корейм, Ищхъэрэ Америкэм бжыгъэ хъуауэ къыщагъэкӀ нэгъуэщӀ зы хьэ лъэпкъ — лат-бз. «Hordeum distichon».
Адыгэхэм пасэ зэманым хьэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къагъэкӀыу щытащ. Абыхэм ящыщхэр бгыщхьэ лъагэхэм, дунейр нэхъ щыщӀытыӀэхэм фӀыуэ щыбагъуэт.
ЩӀэныгъэлӀхэм зэралъытэмкӀэ, хьэр гъавэхэкӀ къэкӀыгъэу щыӀэм я нэхъыжьщ.
Археологхэм щӀэин къатӀэщӀыжахэм къыщыщӀахыжа хьэ жылэхэм я ныбжыр илъэс 7000-м нос. Абы нэхърэ нэхъыжь пкъыгъуэ цӀыхум къитӀэщӀыжакъым, мэкъумэш щӀэным ехьэлӀауэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.