From Wikipedia, the free encyclopedia
Хьэщомыщ е Къаплъэн (лат-бз. Panthera tigris) — псэущхьэшх шэрыпӀхэм ящыщ джэдуушхуэщ, пантерэ лъэпкъым къахэкӀыу.
Хьэщомыщ | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Panthera tigris Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||
|
Мы лӀэужьыгъуэхэм ящыщхэм къахокӀ джэду лъэпкъым щыщ нэхъ индыдэ псэущхьэхэр. Хьэщомыщыр дунейм и нэхъ ин псэущхьэшххэм ящыщщ, япэ итхэр и инагъкӀэ мыщэхэращ (хужьымрэ гъуабжэмрэ). КъыхагъэкӀщ лӀэужьыгъуэ къуэдзиплӀ, абыхэм ящыщу XXI лӀэкӀыгъуэм къынэсар хы къуэдей, я бжыгъэр мин 4-6,5 фӀэмыкӀыу[1], абыхэм я нэхъыбэр бжыгъэкӀэ бенгал хьэщомыщыращ, зэщӀеубыдэр 40% лӀэужьыгъуэ псом и бжыгъэм.
Дунейпсом хъумэнхэм я тхылъым хатхащ XX лӀэщӀыгъуэм, 2012 гъэм къызэрнэхумкӀэ хьэщомыщхэм ещэкӀуэныр теубыдауэ щытщ дунейпсом.
Хьэщомыщыр нэхъ ин икӀи нэхъ хьэлъэщ джэду лъэпкъым яхэтхэм, ауэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэр ину зэщхьэщокӀхэ инагъымрэ хьэлъагъымрэкӀэ. ЩӀылъэм щыпсэухэр нэхъ инхэщ хытӀыгухэм щыпсэухэм ялъытамэ. ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэ нэхъ индыдэхэр амур хьэщомыщымрэ бенгал хьэщомыщымрэ, а лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм я хъухэр м 2,3-2,5 нэсыфыну я щӀыхьэгъыр (кӀапэр абым хэмыту), ч 270-300 фӀэкӀыу къашэчу.
Ӏэплъэпкъым и щӀыхьэгъыр кӀапӀэр хэмыту лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм зэщхьэщокӀыр метрэ 1,4 къыщыщӀэдзауэ 2,9-м нэсэу. КӀапӀэр см 60-100 хуэдизщ. Нэхъ индыдэу къэгъэунэхуа щӀыхьагъыр Ӏэплъэпкъым см. 317 (амур хьэщомыщым ей) кӀапӀэм дэщӀыгъуу см 420.
Жалым и лъэгагъыр м 1,15. Хъу зэфӀэувам къешэч ч 180 къыщыщӀэдзауэ 250 нэс. Къэунэхуауэ щытщ хьэщомыщ хъу щыӀэу я хьэлъагъыр ч 325, 340, 350, 360 хъухэу, ауэ я пэжыгъэр а хъыбархэм захуэу щӀэныгъэлӀ псоми къалъытэкъым. Бенгал хьэщомыщыр и нэхъыбэм къешэч ч 220, хьэщомыщ ищхъэрэ Индиэмрэ Непалымрэ щыпсэухэм къашэч ч 235 хуэдиз. Бзыхэр гу лъыптэу нэхъ цӀыкӀухэщ бенгалхэмрэ амурхэмрэ я лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм, я хьэлъагъыр ч 100-181 хъууэ. Иджырей лӀэужьыгъуэ къуэдзих щыӀэмкӀэ къэплъытэ хъунущ хъухэм къашэчу и нэхъыбэм ч 170 хуэдиз, бзыхэм ч 115 хуэдиз.
Нэхъ хьэлъэдыдэу гъэунэхуар амур хьэщомыщ цӀыхум я Ӏыгъауэ, къишэчырт ч 423.
Хьэщомыщыр и ӀэплъэпкъкӀэ щэджащэщ, щӀыхьщ, джанщ. И гупэмкӀэ нэхъ лъэшу щытщ и кӀэмкӀэ нэхъ, жалыр нэхъ лъагэщ тхыӀунэм нэхърэ. КӀэр щӀыхьщ, цыр щӀыхьэгъкӀэ зэщхьэщымыкӀыу, зэхуэдизу тету.
И гупэ лъакъуэхэм лъэпхъуамбэ тхурытху япыт, и кӀэмкӀэ плӀырыплӀ, псоми лъэбжьанэ зыхишэ яӀэу.
Щхьэм напэр фӀыуэ къыхощыр, натӀэри къыхэкӀыу ину[2]. Щхьэр инщ, щхьэ къупщхьэр лъэшщ, жьэпхъуэбгъухэр жыжьэу зэпэшылъыу. ТхьэкӀумэхэр инкъым, хуэхуреуэ щытхэщ. Щхьэбгъум жьакӀэ тетщ. ПащӀэцхэр кусэ 4-5 тетщ, хужхэщ, я лъабжьэм дежкӀэ зэзэмызэ гъэбжафэу, быдэхэщ, я щӀыхьагъыр см 16,5 нэсу. Нэкугъуэр хъурей, нэ гъунэр гъуэж[2].
Хьэщомыщ пӀащэм адрей джэду лъэпкъэгъухэми хуэдэу дзэ 30 иӀэщ. ДзапэфӀанэ къыбгъурыт хырых жьэбгъум хэтщ (ищхьэмкӀи ищӀагъымкӀи); хьэдзитӀ; жьэкъупщхьэм премоларищрэ зы моларрэ, жьэбгъум премоларитӀрэ зы моларрэ. Дзэхэм я тхыпхъэр: .
Хьэдзэхэр фӀыуэ зэфӀэтхэ, я щӀыхьагъыр см 8 носыфхэр[3] къахуэщхьэпэр фӀыуэ щэкӀуэным. Бзэгу иным, щӀыхьым и бгъухэмкӀэ бэгуфэ мыинхэр яӀу, абым кератин дия телъщ, абымкӀэ лъыр къупщхьэм къыкӀэрехыр, абым нэмыщӀу а бэгуфэхэр зыщитхьэкӀкӀи къегъэщхьэпэщ.
Цыр щӀыхькъым, Ӏувкъым, кӀэщӀу щытщ ипщэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм яр; ищхъэрэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм яр Ӏуву кӀыхьу щытщ. Фэм и теплъэр нэхъыбэкӀэ гъуэплъыфэ-гъуэбжафэу щытщ: ныбэр, бгъэгур, лъакъуэбгъухэр нэхъ нэху щытщ. Абым нэмыщӀу нэху ӀэпапӀэхэр тхьэкӀумэ щӀыбагъхэм яӀэщ. ЩӀыфэм кусэхэр ирокӀуэ, гъуабжэм къыщыщӀэдзауэ фӀыцӀэм нэсу я фэр. Пкъымрэ пщэмрэ кусэхэр къохыр захуэу. Езы пкъым кусэхэм я ныкъуэр щӀагъ дыдэм къехыфынухэ, адрейхэр тхымкӀэ дэкӀуейфыну, е ныбэщӀагым нэсу къоххэр. Кусу хъуар, гу лъытыгъу, я щӀагъ иухыпӀэм деж памцӀу щытхэщ, зэзэмызэкӀэ дыкъуакъуэхэу яужкӀэ, иухыпӀэм идеж зы хъужхэу. ТхыӀунэмкӀэ кусэхэр нэхъыбэ мэхъухэ. ТхыӀунэм деж къыщыщӀадзэ кусэхэр куэм и щӀыбагъкӀэ йокӀуэкӀхэ е куэм и кум деж зэпоудхэр. Кусэ гуэрэхэр, лъэдийм и щӀэдзэгъуэм щынэскӀэ къагъэшри лъакъуэ кӀуэцӀымкӀэ йокӀуэкӀхэщ[2].
Напэр, пэгъуанэ щӀагъым, пащӀэ хэтыпӀэхэм, жьэпкъым, жьэгъум деж хужьщ, Ӏупэ щӀагъымрэ жьэ гъунэмрэ ӀэпапӀэ фӀыцӀэ иӀэхэм щымыхъукӀэ. НатӀэр, щхьэхупцӀапцӀэр, щхьэщӀыбыр кусэ фӀыцӀэ кӀэщӀ бжыгъэкӀэ зэхэлъщ. ТхьэкӀумэ щӀыбагъым деж куэдхэм кусэ щӀыхь къыщӀедзэ, пщэмкӀэ къехэу и тэмакъым къынэсу. Щхьэм и гъунэхэмрэ жьакӀэхэмрэ хужьхэщ, кусэ зытӀущ яхэлъу. ТхьэкӀумэм и гупэкӀэ цы хужь тетщ, щӀыбымкӀэ сыт щыгъуи фӀыцӀэщ, ӀэпапӀэ хужьышхуэ и щхьэмкӀэ хэсу[2].
КӀапэр сыт щыгъуи фӀыцӀэщ, кусэ зэщӀэлъыпыту кӀуэхэм уэгу ящӀыу. КӀэм кусэхэм я бжыгъэр и нэхъыбэм пщӀы мэхъур, ауэ зэзэмызэкӀэ 8-9 е 11 щыхъуи къохъур[2].
Фэм тет кусэхэм я теплъэмрэ я зэхуакум дэлъ бгъуагъымрэ зэщхьэщокӀ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэм, ауэ хьэщомыщхэм я нэхъыбэм я кусэ бжыгъэр 100 фӀокӀыр[3]. Хъухэмрэ бзыхэмрэ кусэ тхыпхъэмкӀэ зэщхьэщыкӀыгъуэ яӀэкъым.
Кусэ-тхыпхъэр зэи зэхуэду щыткъым, псэущхьэ къэс и тхыпхъэр нэгъуэкӀщ, абым папщӀэ псэущхьэр и тхыпхъэмкӀэ къыхэпщӀыкӀ хъунущ, абым хуэдэщ цӀыхум и ӀэпапӀэри. Ар зэзэмызэкӀэ щӀэныгъэлӀхэм къагъэщхьэпэр псэущхьэхэм щащӀэлъыплъым деж. Кусэхэм я нэхъыщхьэ мыхьэнэр хьэщомыщыр щы щакӀуэм идеж зыхэт пабжьэ-удзхэм къыхэмыщыну аращ.
Гу лъытыгъуэ хьэщомыщым и фэ теплъэр къыдоӀэпыкъур папжьэхэм къыхэмыщыу хэтыну. ЩӀыпӀэ здэщыщым елъытауэ я теплъэр зэщхьэщокӀыр, абым папщӀэ лӀэужьыгъуэ къуэдзэхэри зэхагъэкӀыр.
Цыми хуэдэу кусэ тхыпхъэр фэми тетщ, къапщтэмэ абыхуэдэу, хьэщомыщым и цыр щамэ, цы фӀыцэ здытетам деж фэри фӀыцэу щытыну, гъуэжьым — гъуэжь, цы къытекӀэжьынури тетам хуэдэ къабзу, тхыпхъэр зэримыхъуэкӀыу[4].
Хъухэм я лъэужьыр нэхъ ин икӀи нэхъ щӀыхьщ бзыхэм ям елъытамэ, Ӏэпхъуамбэ курытхэр нэхъ къыхэщу япэ къыхокӀхэр. Лъэужьым и инагъыр см 15-16 щӀыхьагъуу, см 13-14 бгъуагъу хъухэм; см 14-15 щӀыхьагъуу, см 11-13 бгъуагъу бзыхэм[2].
Хьэщомыщхэм жэщкӀэ фӀыуэ ялъагъур, гупшысыгъуэ гуэрэхэмкӀэ дунер къуэлэнуи ялъагъур. Пантерэ лъэпкъым ящыщ псом хуэдуи хьэщомыщхэм я къурмакъей зэфӀэтыгъэмкӀэ мэгъуахъуэф, ауэ щыгъуахъуэхэр нэхъыбэкӀэ щызэпыхьэ зэманыгъуэращ.
Хьэщомыщыр Азиэ къуэдем щыпсэу лӀэужьыгъуэщ. ТхыдэмкӀэ щӀыпӀэ зэщӀиубыдэтэр (иджыпсту ину зэщхьэщыдзауэ, жыжэу зэпэщылъ щӀыпӀэ мыинхэр) КъуэкӀыпӀэ Жыжэм къыщыщӀэдзауэ Къажэрыр, Афганистэныр, Хъутейр, Индиэр, Ипщэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм и къэралхэр хиубыдэт.
Я щӀыналъэр здыхэлъыр Хъутейм и ищхъэрэ лъэныкъуэра, къыщызэфӀэувар абдежым илъэс милуанитӀкӀэ узэӀэбэкӀыжмэ. Илъэс минипщӀкӀэ узэӀэбэкӀмэ, хьэщомыщхэр ипщэ лъэныкъуэмкӀэ пхырыкӀын щӀадзащ, Гималай къущхьэхэмкӀэ, апхуэдэу Индиэ псом, Малай хытӀыгуныкъуэм, Суматра, Ява, Бали хытӀыгухэм пхырыхьаху хъуащ. ЛӀэщӀыгъуэ зытӀущкӀэ зэӀэбэкӀыжамэ хьэщомыщхэр щыпсэуэ щытахэщ Къазахъстэным, Ищхъэрэ Къажэрым, Амур псым и пэм, Зонд хытӀыгухэм. Иджыпсту а щӀыпӀэ псом и нэхъыбэм хьэщомыщхэр цӀыхум къелакъым; бжыгъэкӀэ я нэхъыбэхэр къыздэнар: Индиэм, Малай хытӀыгуныкъуэм. 1995 гъэмрэ 2005 гъэмрэ я зэхуакум хьэщомыщхэр здэпсэуа щӀыпэр 40% нэхъ мащӀэ хъуащ Азиэм; зэрыхъумкӀэ, нобэ, псэущхьэхэм щӀыпӀэ яубыдыр пэсырейм елъытамэ 7% мэхъу къуэдей[5].
Хьэщомыщхэм я псэупӀэ щӀыпӀэхэр куэду зэщхьэщокӀыр: тропик мэзхэм щыщӀэдзауэ, мангрэ псыпцӀэхэмрэ шамбыр пабжьэхэмрэ, тафэ гъущэхэмрэ, кумхэмрэ, бгылъэхэмрэ ищхъэрэ мэздэгухэмрэ. Къущхьэхэм м. 3000 хуэдизым я лъэгагъэу дэкӀуейхэр.
ЛӀэужьыгъуэ къуэдзу бгъу къыхагъэкӀыр, абыхэм ящыщ щыр дунем тетыжкӀым цӀыхум и ӀэщӀагъэу.
Хьэщомыщхэм гулъытэгъу мутациэ яӀэщ, псэущхьэхэм я фэр хужьу щыту — бенгал хьэщомыщхэр, езыхэр хужьу, я кусэхэр фӀыцӀэ гъуэбжафу, я нэхэр щхъуантӀэу. Щхьэху псэу псэущхьэхэм апхуэдэ теплъэ зиӀэхэр мащӀэдыдэщ, ауэ ар зиӀэр бжыгъу къахокӀщ цӀыхухэм яӀыгъхэм. Зы хьэщомыщ хужь къыхокӀ 10,000 псэущхьэ гъуэжьхэм[17]. Хьэщомыщ хужьхэр фӀыуэ мэпсэуф Ӏэлу, быни ягъуэтыфыр. Япэреуэ абыхэм теухуауэ къэӀуэхугъуэ щыщэӀэр 1951 гъэращ, абым щыгъуэ зы щакӀуэ хулъхугъэм хьэщомыщ бзым и гъуэм къырихат зы шыр хужь. Яужьым а хьэщомыщыр пагъэхьа зы бзы гъуэжьм, къилъхужьа шыриплӀ, плӀыри гъуэжьу. Зэман дэкӀауэ хьэщомыщ хужьыр и зы пхъухэм пагъэхьащ, шырищ къилъхуащ, а щым тӀур хужьхэт. Хьэщомыщ хужь цӀыхухэм яӀыгъу хъуар зы псэущхьэм къытекӀауэ щытхэщ[18]. Иджыпсту зоохэм, дунейпсом, хьэщомыщ хужьу 130 хуэдиз яӀыгъщ[19][20].
Дыщафэ лӀэыжьыгъуэ — нэхъ мащӀэдыдэу къахэкӀ теплъэ хьэщомыщхэм. Япэрейуэ и къэӀуэхугъуэр къыщыхэкӀ зэманыр XX лӀэщӀыгъуэм и щӀэдзэгъуэм щыщщ[21]. Япэреуэ гупшысыгъуэ къыхэкӀамкӀэ зэралъытэтэр апхуэдэ теплъэ зиӀэ псэущхьэхэр ятӀэгъуэ гъуэжькӀэ бэгъуа щӀыпӀэхэм щыпсэухэрат, я теплъэр хэгъуэщыхьыным папщӀэ щы щакӀуэхэм деж. Ауэ а гупшысыгъуэр иджыри къыздынэсым захуэ хъуакъым.
ИджыпстукӀэ цӀыхухэм яӀыгъ дыщафэ теплъу псэущхьэ 30 хуэдиз, хьэщомыщ хужьхэми хуэдэу, дыщафэхэм я нэхъыбэр бенгалхэм къатекӀауэ аращ.
Махуэми жэщми зэхуэду бэлэрыгъщ. Нэхъ щӀасэу щыщакӀуэр, пщэдджыжым, бжыхьэщхьэм, жэщым. Махуэм деж и нэхъыбэкӀэ гъуэм щожейр. Ину хэбэкъукӀыу зэкӀуэщ. Жыгхэм дэпщэйкъым (шыр ч 60 фӀэмыкӀхэм щымыхъукӀэ, илъэситӀым нэмысахэу)[22]. Псым щышынэкъым, фӀыуэ йос. Ипщэ лъэнъыкъуэм щыпсэу лӀэужыгъуэхэр хуабэдыдэ щыхъу зэманыгъуэм загъэпскӀыныр яублэ. ЩӀыӀэр фӀыуэ ирахыр, гугъ ятемылъыу. Илъэсым тӀо цы япхъыж — гъатхэпэм, фокӀадэм.
И нэхъыбэкӀэ хьэщомыщыр псэущхьэ щэхущ, макъ къыщыӀукӀыр мащӀэщ. Щыхуэж зэманым щыгъуэ къуэдей хъухэм зыкъагъащӀэ гъуахъуэнкӀэ. Псэущхьэ гуэрэм щытеуэкӀэ е щыбзаджэм мащӀэу, щэху мэгъуахъуэ[22]. Хьэщомыщыр псом хуэмыдэу щэн хэлъщ щыхьхэм, кхъуэхэм нэмыщӀ псэущхьэшхуэ инхэм, цӀыхухэм я лъэужьхэм, гъуэгухэм тету къикӀухьын[22].
Хьэщомыщ пӀащэхэр щхьэху мэпсэухэр, езыхэм я щӀыпӀэ-хапӀэм пылъхэу, яхъумэу. Я щӀыпӀэхэр зэщымыщу зэрар ягъэунэхур. Я мэмкӀэ зэрагъэунэхур нэхъыщхьэу щытщ хьэщомыщхэм деж. Гъутхьэпс мэр нэхъыбэу къытранэ жыгыпкъхэм, къырхэм, папжьэ щхьэху щытхэм. ИкӀи япэ щыкӀэ пкъыгъуэм йопэмхэр, яужым щӀыбкӀэ зыхуагъазэри, я кӀэр занду яӀэтыр. ЗэзэмызэкӀэ хьэщомыщхэм жыгхэм зыщӀэракухьыр е я пкъыр ӀэбжьанэкӀэ зэхафыкӀэ.
Я щӀыпӀэм и инагъыр куэду зэлъытар здэпсэум, шхыныр куэду игъуэтмэ, хъухэм деж бзыхэр щӀыпӀэм исмэ. Хьэщомыщ бзым и щӀыпӀэр км² 20 хуэдиз хъуфынущ, хъухэм яр куэду нэхъ инщ, км² 60-100 хуэдиз мэхъур. Зы хъум и щӀыпӀэм деж бзы зытӀущым я щӀыпӀэ щхьэхухэр хэтыфынущ. Я екӀуапӀэхэр, гъуогухэр я щӀыпӀэхэм зэи зэрахъуэкӀкъым. Хьэщомыщ бзыхэр зэзэмызэкӀэ зэныкъуэкъу зэзауэ щхьэкӀэ я щӀыпӀэхэр зэхэхьу щытыфыну, апхуэдэм деж нэхъыбэм псэущхьэхэр зэщымыхьу псэуным пылъхэ; хъухэрамэ зэи къагъэхъукъым я щӀыпӀэм нэмыщӀ хъу исыну[23].
Хьэщомыщ хъухэр бзаджу я щӀыпӀэр яхъумэ папщӀэ, псэущхьэ куэд уӀэгъэ мэхъур щызэфӀэнэхэкӀэ, зэзэмызэкӀэ зэзауитӀым я зыр хокӀуадэ. Ауэ зэбэубыдыгъэм я нэхъыбэхэм макъ гъуахъуэнкӀэ, увыпӀэкӀэ зэхокӀыжьхэ. Хъухэр зэпэубыдыгъэ ямыӀэу бзыхэм ящӀыгъу за щӀыпӀэм зэдопсэуфхэ, абым нэхъыбэу я шхын Ӏыхьэ хухагъэкӀыу къаубыдамкӀи. Бзыхэри абым хуэдэ къэрабзу Ӏэхьэ хагъэкӀыфыр хъум щхьэкӀэ, абым нэхъыбэу, бзыр нэмыщӀ бзыми шхын Ӏэхьэ иритыфыну, хъухэрамэ зэи нэмыщӀ хъум и шхын иритынукъым.
Хьэщомыщхэм я нэхъыщхьэ Ӏусыр Ӏэщщ; бенгал хьэщомыщыр нэхъыщхьэу зэщакӀуэхэр щыхь лӀэужьыгъуэхэр, мэзыкхъуэхэр; амур хьэщомыщым щыхь лӀэужьыгъуэхэр, мэзыкхъуэхэр, бжьо; абым нэмыщӀу хьэщомыщхэр йощэкӀуэфхэ Ӏэщ инхэм — хыв, гаур, бланэ хуэдэхэм. ЗэзэмызэкӀэ хьэщомыщхэр йощакӀуэ псэущхьэ ятемгъэпсыхьахэм — нумин, мэзджэд, тхьэкӀумэкӀыхь, бдзэжьей хуэдэхэм. Хьэщомыщым и ныбэр ирикъуным папщӀэ илъэсым Ӏэщ 50-70 хуэдиз хуэныкъуэщ.
Къэгъэунэхуауэ щытщ хьэщомыщхэм нэмыщӀ псэущхьэшххэри зэраукӀыр, абыхэм яхэт дыгъужьхэр, щомыщхэр, блэшхуэхэр зэзэмызэкӀэ архъуэжьи щиукӀ мэхъур. Амур хьэщомыщым и бий мыщэхэр, щызэныкъуэкъухэр я псэупӀэхэм бжыгъэщ, къэӀуэхугъуэ бжыгъэ щыӀэщ хьэщомыщыр мыщэ шырхэр щиукӀ, мыщэ пӀащэхэри иукӀыу къохъур. Гималай мыщэрэ мыщэ гъуабжэрэ и Ӏус Ӏыхьэ 5-8% мэхъур амур щомыщым, нэхъыбэм ахэр зыукӀыр хъу пӀащэхэращ. Малай мыщэр, и щэнӀкэ бзаджэр, зэзэмызэкӀэ хьэщомыщхэр я шхыным къыкӀэрехухэщ, ауэ езыр къыщыкӀэрахур нэхъыбэу къохъур. Малай хьэщомыщхэр а мыщэхэм фӀэкӀа ямыщакӀуи мэхъур.
Индиэ пыл пӀащэхэм хьэщомыщыр япэлъэшкъым, абым папщӀэ япэкӀэмыхуэным пылъхэщ, ауэ пыл шырхэр щаукӀ мэхъур. Абым нэмыщӀу хъыбар къэгъэунэхуа щыӀэщ хьэщомыщым пэбжьэ бзы пӀащэ иукӀыфауэ. Унэ псэущхьэхэм щатеуи мэхъур: хьэхэм, жэмхэм, шыхэм, шыдхэм. КъэкӀыгъэ шхын: дэхэр, удзхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр щашхыр гъэмахуэ къуэдейра[24].
И щӀыпӀэ псэупӀу хъуам хьэщомыщыр псэущхьэ нэхъ лъэшдыдэу щытщ, мащӀэдыдэщ нэмыщӀ псэущхьэу къыпэщыувэфхэр. ЗэзэмызэкӀэ къыпэувэфхэм ящыщыр хьэ лъэпкъым щыщхэра, гупышху щакӀуэхэр, абыхэм яхуэдэщ дыгъужь плъыжьыр. Зэ тӀысэгъу хьэщомыщым ч 30-40 лыуэ ешхыфыр. Хъу пӀащэхэм ч 50 хуэдиз яшхыфщ[25]. Щыхь е кхъуэ иукӀам деж хьэщомыщыр махуэ зытӀущкӀэ Ӏусыфынущ. Ӏус щамыгъуэт зэманыр гугъ емыхьу ирахыфыр, я фэ щӀагъым щэ щӀэлъым папщӀэ, амур хьэщомыщым ием и Ӏувагъыр см 5 носыф.
ЦӀыхур хьэщомыщым зэрещакӀуэм папщӀэ, и псэупӀэхэри зэрыкӀуэдым щхьэ я бжыгъэр къэмыувыӀэу нэхъ мащӀэ мэхъур. Гулъытыгъуэ гуэрэхэмкӀэ, псэущхьэхэм я бжыгъэр, лӀэщӀыгъуиткӀэ узэӀэбэкӀыжмэ 95% нэхъыбэу щытащ. Ӏэлу псэу псэущхьэхэм я бжыгъэр, лӀэужьыгъуэ къуэдзу хъуар зэхэту, мин 4-6,5 хуэдизу къалъытэ. Нэхъыбэдыду хьэщомыщхэр къыздэнар Индиэращ, минрэ ныкъуэрэ хуэдиз Виетнамым, Лаосым, Таилэндым, Хъутейм, Миянмам щопсэухэщ. Ипщэ Хъутейм щыпсэу хьэщомыщым и бжыгъэр 30 нэскъым, амур хьэщомыщым и бжыгъэр 450 хуэдиз мэхъур. Дунейм къытенэжакъым лӀэужьыгъуэ къуэдзищ Ява, Бали хытӀыгухэмрэ щыпсэуа къуэдзэхэмрэ Виргата хьэщомыщымрэ.
ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэр | Нэхъ мащӀэ бжыгъэу гулъытыгъуэу | Нэхъ куэд бжыгъэу гулъытыгъуэу |
---|---|---|
Амур хьэщомыщ | 450 | 530 |
Бенгал хьэщомыщ | 1300 | 2000 |
Корбета и хьэщомыщ | 600 | 1200 |
Малай хьэщомыщ | 600 | 650 |
Хъутей хьэщомыщ | 20 | 30 |
Суматра хьэщомыщ | 400 | 500 |
Балий хьэщомыщ | — | — (дунем тетыжкъым) |
Ява хьэщомыщ | — | — (дунем тетыжкъым) |
Виргата хьэщомыщ | — | — (дунем тетыжкъым) |
Ижь и жьыжь лъандэрэ цӀыхур хьэщомыщым ещакӀуэт, къуентхъ бэлыхьу къалъытэу иджыри къыздынэсым.
Пэсырей Корейм, щакӀуэ тегъэпсыхьахэрат хьэщомыщым ещакӀуэхэтэр, езы щакӀуэнми хабзэшхуэхэр хэлът: хьэщомыщым и цӀэр къаӀуэ хъунутэкъым, щы щакӀуэхэм деж псалъи хъунутэхэкъым[26]. Щыгъыныр зэрахьэр цӀыху хъуам ям хуэдэтэкъым, чэсей щхъуантӀэм къыхэха джанэрэ пыӀэ щхъуантӀэрэ шыгъэ къуэлэнкӀэ гъэдэхауэ зэрахьэт, абым нэмыщӀу, сыт щыгъуи яфӀэлът хьэджэшымкӀэ щӀа шыгъэ. Я шхыным хьэщомыщ лы хэлъын хуейт. ЩакӀуэхэм ӀэнатӀэшхуэ яӀэт, корей къэралыгъуэм, уасэ зыри яттэкъым пщыгъуэм[26].
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.