From Wikipedia, the free encyclopedia
Тафэ (фр-бз. plage, ин-бз. beach) — псымрэ жьымрэ я Ӏерозиэм къагъэхъуауэ, хы Ӏуфэм ерэ дэтхэ нэгъуэщӀ псылъэ Ӏуфэми Ӏулъ щӀы захуэ.
Тафэ Ӏуфэм Ӏулъым елъытауэ, ахэр яугуэш пшахъуэ, зэхэпща е мывэкӀэщхъ тафэкӀэ.
Иныкъуэм деж гуп хэхауэ ябж къалэм ӀэрыщӀу дащӀыхьа тафэхэр. Абыхэм я нэхъыбапӀэм дыгъэ зебгъэу фӀэкӀа зыщыбгъэпскӀ хъунукъым.
ЦӀыхухэм тафэхэр и нэхъыбэм зыщагъэпсэхун, зыщагъэпскӀын, дыгъэ зрагъэун щхьэщ къыщӀагъэсэбэпыр. Абыхэм щхьэ иныкъуэ тафэ Ӏуфэхэм деж жьауэхэр, гъуэлъыпӀэ цӀыкӀухэр е нэмыщӀ гуэрхэр ягъэувхэр. Апхуэдэ тафэхэм «яухуакӀэ» йоджэ, апхуэдэ тыншыпӀэ тафэм имыӀэм «ямыухуауэ» йоджэ. Иныкъуэ «яухуа тафэхэм», хъумапӀэ станцрэ япэ дэӀэпыкъугъуэ пунктрэ яӀэщ.
Тафэхэм цӀыху куэд зэрыщызэхуэсым щхьэ, абыхэм унафэ трагъэхьэ тафэр къабзэу щагъэтыну. Абы къыхэкӀыу тафэр къабзэу щагъэтын щхьэ, иныкъуэ тафэхэм зыбгъэпсэхуну ущыдыхьэм деж ахъшэ ептын хуейщ.
Абыхэм нэмыщӀ тафэ Ӏуфэхэм деж псыр зэры чэнджым щхьэ, абдежхэм деж Ӏэщхэр псы ирагъэфэну Ӏуахуэ, щыгъын щажьыщӀ ерэ икӀи нэгъуэщӀ гуэрхэр щащӀэ.
Спортым епхауэ, тафэхэм деж щрагъэкӀуэкӀхэр — тафэ волейбол, тафэ футбол, тафэ гандбол икӀи нэгъуэщӀ джэгу къом.
Езы-езыуэ къэхъуа тафэхэм Ӏуфэ зыӀулъхэм я дежкӀэ мыхьэнэшхуэ яӀэщ. Тафэхэм деж псыр чэндж зэрыхъум щхьэ, псым и къарур абдежхэм деж мащӀэ мэхъури, Ӏуфэм Ӏулъхэр ӀуригъэлъэсыкӀкъым.
Абы къыхэкӀыуи тафэ Ӏуфэхэм пэгъунэгъуу пшахъуэ е мывэкӀэщхъ ипшыну ядэкъым. ЦӀыхухэми тафэхэр яхъумэн щхьэ, абыхэм я Ӏуфэхэм деж мол ӀуащӀыхь.
Тафэ Уикисурэтылъэм? |
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.