Рабий Ӏул-аууал
From Wikipedia, the free encyclopedia
Рабий Ӏул-аууал (хьэр-бз. ربيع الأوّل) — муслъым махуэгъэпсыи и ещанэ мазэ.
More information Ислъам махуэгъэпс ...
Ислъам махуэгъэпс |
---|
|
Close
Рабий Ӏул-аууал мазэм, муслъымхэм ягъафӀэр Мухьэмэд Бехъымбар (с.а.у.) къыщалъхуа махуэр. Муслъым-суннитхэм ялъытэр бехъымбарыр къыщалъхуар, мазэм и махуэ 12-рауэ. Муслъым-шиитхэм зэралъытэмкӀэ ар махуэ 17-ращ зэхуэкӀуэр. А бы къыхэкӀыу суннитхэмрэ шиитхэмрэ Мулид махуэ лъапӀэр, махуэ зэрызщ щащӀыр.
ЦӀэ Rabī' al-awwal хьэрыпыбзэкӀэ зэбдзэкӀым «япэ мазэ» жиӀэуращ. Ар апхуэдэу щыщытыр япэрей хьэрып махуэгъэпсымкӀэ, Рабий Ӏул-аууал мазэр япэ иту щтащ. Иныкъуэ хьэрыпхэр иджыри къыздэс мазэр, мазэфӀ нэхъыфӀхэм ящыщу ябж.