Псыхъуреишхуэхэр
From Wikipedia, the free encyclopedia
Псыхъуреишхуэхэр (ин-бз. Great Lakes, фр-бз. Grands Lacs) — Ишъхъэрэ Америкэм хэт псыхъурей зэрыпха системэ, АШЗ-мрэ Канадамрэ я зэхуакум. Хыкъум бжыгъэ хеубыдэр индыдэхэм ящыкӀэдзауэ цӀыкӀухэм нэс, псыхэмкӀэрэ хэжыпӀэхэмрэкӀэ зэрыпхаху. ШӀыпӀэ яубыдым и инагъыр мин 245,2 км², псыуэ ярытыр мин 22,7 км². Псыхъуреишхуэхэм яуи хабжэр, тху нэхъ индыдэхэр: Ишъхьэр, Гурон, Мичиган, Эри, Онтарио. Абыхэм курыт псыхъурей зытӀущ япхауэ щыт. Нэхъ къылъытэгъу зиӀэхэр абыхэм ящыщу: Сэнт Мэрис, Сэнт Клэр, Нипигон. Псыхъурейхэр Атлантикэм и псыхъуэм щыщхэ, зэрпышъахэр псы Сант Лауренс. Псыхъурейхэм я кумб зэфӀэувэкӀэм нэхъыбу хуэкӀуар тектоник екӀуэкӀыгъэхэра. Мылым и хьэлъагъым шӀыгур пририпӀытӀыкӀа, мылыр тӀкӀуа яуж гъэзэжьыгъуэ хом кӀадза: Мыл яужырей зыкъэӀэтыгъуэ, ар фӀыуэ къыхощыр Ботниэ хыжэмрэ Финлэндымрэ. Псыхъуреихэм ярыт псыр мыл ткӀуэпсым къыхэкӀа. Псыхъуреишхуэхэм я ишъхъэрэ Ӏуфэм нэхъ кӀэху зеӀэтыр ипшъэ Ӏуфэм нэхърэ, ар "шъхьэдэжыхыным" хопасэ, ипшъэ лъныкъуэмкӀэ хэлъ шӀыгухэр псым кӀэхуэху.
Псыхъуреишхуэхэм кхъухьзекӀуэнымрӀэ бжъэжъей убыдынымрэ фӀыуэ зэфӀэгъувауэ щыт, хыкхъухьхэм шъхьэкӀэ гъогу хэлъхьэ зекӀуэным, и кӀыхьэгъыр км 3000 нэсу. Абым пэмыкӀыу псыхъуреихэр каналкӀэ Гудзонымрэ Миссисипи и псыхъуэмрэ.
ХыӀу нэхъышъхьэхэр: Чикаго, Милуоки, Детройт, Кливленд, Буфалло, Торонто.