From Wikipedia, the free encyclopedia
Португалэ Республикэ (порт-бз. Republica Portuguesa) — къуэхьэпӀэ Еуропэм хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр Лиссабон.
Португалэ Республикэ порт-бз. República Portuguesa | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «A Portuguesa» ( едэӀун (info)) | |||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 5 джэпуэгъуэ 1143 (зхэкӀар Леон пэштыхьей) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | португалэбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Лиссабон | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Лисбон, Порту | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Парламент республикэ | ||||
Президент Премиер министр | Анибал Каваку Силва Жозе Сократеш | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр | 109-нэ дунем 92 391 км² 0,5 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2009) • Ӏувагъыр | 10 707 924 цӀыху (77-нэ) 114 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$236,049 (46-нэ) $22 232 | ||||
Этнохоронимыр | португалхэ, португ | ||||
Сомыр (Валутэр) | Еуро | ||||
Интернет-доменхэр | .pt | ||||
Зэманыгъуэхэр | 0 | ||||
Португалэ Республикэ Уикисурэтылъэм |
Португалэр Пиреней хы тӀыгуныкъуэм хэт, Еуропэм и къуэхьэпӀэдыдэ къэралу щыту. ШӀымкӀэ и гъунапкъэр Эспаниэ къуэдемкӀэ ирокӀуэ (ишъхъэрэмрэ куэкӀыпӀэ лъэныкъуэхэмкӀэ). Португалым Азор хы тӀыгухэмрэ Мадейрэ хы тӀыгумрэ хохьэхэ.
Къэралым и инагъыр псори зэхэту 92 391 км2 (109-рей дунем).
ШӀыпӀэр - хы Ӏуфэм дей губгъу щыт (Португал губгъуэ), ишъхъэрэ лъэныкъуэм - къушъхьу (тхы Сиерра де Эстрелла).
Псы нэхъ инхэр - Тежу (Тахо), Дуэро, Гуардианэ джоуэ. Къэралыр ипшъэмрэ, къуэхьэпӀэ лъэныкъуэмрэ Атлантик океаным и Ӏуфэм Ӏохьэ.
Португалэм и хьэйуар хыкурытейуэ щыт.
Япэрей колонисту Иберий хы тӀыгуныкъуэм щытахэр финикийхэра. 237 гъэм, ди лъэхъэнэм щыкӀэдзауэ Иберий хы тӀыгуныкъуэр Карфаген хэкум хэт мэхъур, ауэ, яужым Карфагеныр щыхэкӀуадэм, Урымым хокӀуэ. Урым зэманыгъуэм щыгъуэ Португалымрэ Эспаниэмрэ я ипшъэ лъэныкъуэхэр куей Лузитаниэм хэхьэхэт.
Урым империэр хэкӀуэда яуж Иберий хы тӀыгуныкъуэр джэрмэн лъэпкъхэм я ӀэнатӀэм кӀохьэ, яужым абым пэштыхь бжыгъэ яшъу.
711-716 гъэхэм Ибериэр Хьэрып хэлифэтым еубыд. Яужым, Ибериэм и хуитыныгъэм шъхьэкӀэ екӀуэкӀа зауэм Реконкиста траӀуа.
868 гъэм Португалиэ графствэ къыхокӀыр, Леон пэштыхьейм и ӀэнатӀэм кӀэту. 1143 гъэм Португалиэр шъхьэхуит пэштыхьей мэхъур.
XV лъэхъэнэм Португалыр шӀыпӀэ здыхэтым къышъхьэпэгъуэ къыхихурэ и колониэ империэр хегъахъуэ Америкэм (Бразил). Хэкумэтхым къышъхьэпэгъуэ бжыгъи къашъэр (Индиэм нэс хыгъогу къагъуэтыр) ахэр къэзышъахэр Португалым щыщ хызекӀуэхэра.
1580 гъэм Португалым лъэпкъ униэ кӀетхэ Эспаниэм, и ӀэнатӀашъхьэм кӀэт куей хъуа абым яуж. Хуитыныгъэр щигъуэтыжыр 1640 гъэм.
XIX лъэхъэнэм и пэм Иберийр зауэм хэт наполеоныдзэмрэ антинаполеоныдзэмрэ я зэпэщытыным. Абым пэмыкӀыу а лъэхъэнэм револуциэ бжыгъи щокӀуэкыр, Португалым и ӀэнатӀэм Бразилыр кӀокӀыр.
1910 гъэм револуциэм лъэхъэнэ бжыгъэкӀэ тета пэштыхьейр трахур. 1926 гъэм Португалым Салазар и диктатурэ ӀэнатӀашъхьэр тохьэ (1974 гъэм нэс).
1974 гъэм лъыгъажэ хэмыту револуциэ йокӀуэкӀ, диктатурэр трагъэкӀ, португал колониэхэр Африкэмрэ Азиэмрэ хуит мэхъухэр.
1986 гъэм щыкӀэдзауэ Португалыр Еуропэ зэгуэтым хохьэ.
2009 гъэмкӀэ къэлъытэгъуэ щыӀамкӀэ Португалым и джылэбжыгъэр зэрыхъутэр 10 707 924 цӀыху. ЛъэпкъкӀэ 99% - португалхэ.
Португалыр унитар къэралу щыт, администрациэкӀэ 18 хэкукӀэ гуэчу, езы хэкухэр муниципал куей 308-кӀэ зэхэкӀыжьху. Азор хы тӀыгухэмрэ Мадейрэ хы тӀыгумрэ аутоном статус яэ.
Португалыр индустриэ-аграр къэралу щыт. Япэрей лэжьыгъэхэр - шэкӀ, идэ, пхъэ, тхылъымпэ, бдзэжьей, санэшъ. Туризмыми пӀэшхуэ еӀыгъ къэралым и экономикэм.
Ахъчэ зекӀуэр - еуро (2002 гъэм щыкӀэдзауэ), абым ипэ къэралым хэта ахъчэр португал эскудо.
Номинал ВКӀуП-ыр 2006 гъэм зэрыхъуар $229 881 млрд (зы цӀыхум - $22 677).
Португалым и дзэм хэтым я бжыгъэр зэрыхъур 67 мин хуэдиз. Дзэр зэрзэхэкыр: Армиэ, Навигациэ (Португалым и хыдзэ, Хы дзэзэшэри хэту), Уэгузауэдзэ (Португалым и Уэгузауэдзэ - FAP), Республикэм и Лъэпкъ Гуардиэ (GNR).
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.