From Wikipedia, the free encyclopedia
Нордкап (нор.-бз. Nordkapplatået, ин-бз. North Cape) — Норуегэм и ишхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэ Нордкап коммунэм хиубыдэ Магеройа тӀыгум и къуапэ. Еуропэм и ишхъэрэ дыдэ пӀэуэ ябж.
Еуропэм къуапэр и ишхъэрэ дыдэ пӀэуэ ябжыми, абы пэгъунэгъуу иӀэ Кнившелодден къуапэр ишхъэрэкӀэ хым 1500 метрэкӀэ нэхъ жыжэ хохьэр. КъуапитӀыри зы тӀыгум хэтщ, континентал Еуропэм и ишхъэрэ дыдэ пӀэ — къуапэ Нордкиным пэмыжыжэу. Нэхъ и гъунэгъу дыдэ къалэр — Хоннингсваг къалэращ.
Къуапэр езыр джабэшхуэм и Ӏыхьэу щытуращ. Джабэр Ӏыхьыщу зэгуэудауэ щытщ. Абы и ищхьэ Ӏыхьэращ къуапэу хым хыхьэр. Къуапэм и щхьэр захуэу щытщ, щӀыр мывэкӀэсхъыу щытщ, аткӀэ мыткӀэхэм псынэ цӀыкӀу ина куэд иӀэхэу.
Къуапэм укъекӀуэкӀа иуж арктикэ псым ухэхьакӀэу ябж.
Нордкап цӀэр къуапэм фӀэзыщар инджылыз лъыхъуакӀуэ Ричард Ченслерщ, 1553 гъэм щыгъуэ ар ишхъэрэ псыхэр къиплъыхьу куапэм щыблэсыкӀам щыгъуэ. Абы иуж лъыхъуакӀуэ куэд, джабэм дэпщейхэура захуапӀэм дэкӀуейхэт. Абыхэм нэмыщӀ Норуегэм и пэщтыхьх куэдхэри къуапэм дэкӀуеяхэщ. Иджырей зэманым къуапэр — турист зэхуэшэс пӀэщ, абы къыхэкӀыуи къуапэм къэплъыхьакӀуэ утыку тращӀыхьауэ тетщ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Норуегиэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.