From Wikipedia, the free encyclopedia
Лагунэ (лат-бз. lacus — псыхъурей) — хым ерэ псыхъурейм, зэву пшахъуэ техьакӀэ е коралл рифкӀэ къыгуэгъэщхьэхукӀа псылъэ цӀыкӀу.
Псом нэхъ нэхъ цӀэрыӀуэ лагунэу ябж — Венециэ лагунэр. Япэм щыгъуэ лагунэкӀэ зэджэу щтар а зырат. ТӀэкӀу тӀэкӀурэ а цӀр мыдрей хы Ӏуфэм дегъэубыда чэндж псылъэхэм иреджахэу хъуащ.
Лагунэхэм зэхуэщӀа щӀыкӀэ зэраӀэм щхьа, ахэр бзухэм, бдзэжейхэм, хьэкӀэкхъуэкӀэхэм я хъумэпӀэу щытщ. ЭкологиэмкӀэ нэхъ пщӀэ зиӀэ лагунэхэр дуней хъумапӀэ организациэхэм яхъумахэр.
Лагунэм псы куэд хэлъадэу щтымэ, абы и псыр псы хэлъадэм ещхьу мэхъури хым и псым ину къащхьэщыкӀыу мэхъу. Псалъэм папщӀэ Курш е Калининград хыжьэхэр. Апхуэдэм деж ахэр я щытымкӀэ тэманхэм нэхъ ящхь мэхъухэр. Хы ФӀыцӀэрэ хы МыутӀэрэ я хы Ӏуфэм Ӏут тэманхэм я нэхъыбапӀэм я щытыкӀэр апхуэдэщ.
Абы нэмыщӀ лагунэхэр езы-езыурэ къохъу хым къытрах щӀыпӀэхэм деж. Псалъэм папщӀэ Нидерлэндхэм я лагунэхэм я нэхъыбапӀэр апхуэдэущ къызэрыхъуар.
Иджырей зэманым, кӀуэхукӀэ нэхъ зызужьа къэралхэм я хы Ӏуфэм ӀэрыщӀ лагунэхэр ӀуащӀыхьу щӀадзэащ.
Псалъэм папщӀэ Дубай къалэм и кӀуэцӀ дыдэм хуэзэу дунейм и нэхъ ин дыдэ ӀэрыщӀ лагунэ иращӀыхь.[1].
Дунейм и нэхъ ин лагунэхэр Бразилэм и ипшэ лъэнакъэумкӀэ щыӀэ лагунэхэращ. Ауэ иныкъуэхэм Тыркуменистэным и хыжьэ Къарэ-Богаз гуэлыр лагунэу ябж. Апхуэдэу хъумэ дунейм и нэхъ ин дыдэ лагунэу а хыжьэращ хъуащ.
Ауэ Еуропэм и лагунэхэр инагъкӀэ абыхэм къакӀэрыхухэми, дунейм ахэр нэхъ щыцӀэрыӀуэхэщ.
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.