Интерстеллэр
From Wikipedia, the free encyclopedia
Шаблон:IMDb еплъын
Интерстеллэр | |
Interstellar | |
Жанр |
щӀэнгъуазэ фантастикэ |
---|---|
Режиссор |
Кристофер Нолан |
Продусер |
Кристофер Нолан, |
Зыхэзылъхьар |
Джонэтэн Нолан, |
Оператор |
Хьойте Ван Хьойтемэ |
Композитор |
Хьанс Циммер |
Нэхъыщхьэу хэтхэр |
Меттиу МакКоннаухи, |
Кинокомпаниэ |
Paramount Pictures, |
ЗэрекӀуэкӀыр |
169 дакъикъэкӀэ |
ТрагъэкӀуэдар |
165 000 000 доллару |
Къэрал | |
Бзэ | |
Гъэ |
2014 |
IMDb | |
Филмыр къыщыдэкӀа «Интерстеллэр» (ицӀэ дыдэр — Interstellar) |
Интерстеллэр (ин-бз. Interstellar — «Вагъуэ зэхуаку») — режиссор Кристофер Нолан триха щӀэнгъуазэу фантастикэ филм, Джонэтэн Ноланрэ Кип Торнрэ зэхэлъхьа тхыдэм къыхэкӀыу. Кинор топсэлъыхь хьэршым лъэта лъыхъуакӀуэ гупым, зэман-утыку зекӀуапӀэ къагъуэтахэмкӀэ цӀыхум хьэршым хузэфӀэмыкӀын зэхуакушхуэхэр абыкӀэ къракӀухьыну хуежахэм. Кином и тхыдэр зэхэзылъхьар Крстофер Нолан и къуэш Джонэтэн Ноланщ, абы тхыгъэ зэхилъхьар къызэтехъукӀар Кип Торн и щӀэнгъуазэ лэжьыгъэ физикэ теориэхэращ.[1]
Кино техын Ӏуэхухэр япэ щӀыкӀэ студиэ Paramount Pictures-рат щӀэздзар, ауэ зэкъуэш Ноланхэм кином елэжьын щӀадза иуж, абыхэм я кинохэр къыдэзыгъэкӀ хабзэу щыт Warner Bros. кином ахэм ягъусэу елэжьын щӀидзащ. Езы кинор тезыхар Syncopy и Lynda Obst Productions компаниэхэращ. Оператор папщӀэу кином елэжьащ Хьойте Ван Хьойтемэ. Комрозитору уващ Кристофер Нолан и еуж кинохэм елэжьа Хьанс Циммер.
Кинор трахащ 2013 гъэм и етӀуанэ Ӏыхьэм, Алберт провинциэм (Канадэ), Лос-Анджелес (АШЗ), Ислэнд и ипшэ щӀыпӀэхэм.
Жэпуэгъуэм и 27-м кином и япэ гъэлъагъуэхэр щӀадзащ, дунейм и къалэ нэхъ ин хахахэм. ЩакӀуэуэгъуэм и 5, кином дунейпсо гъэлъэгъуэныр щӀидзащ.