Бланэукъ (лат-бз. Gypaetus barbatus) — къэргей теплъэ хэкӀыгъуэ, къэшыргъэ лъэпкъщ.

More information ?Бланэукъ, ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр ...
?
Бланэукъ
Thumb
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къаргъей теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къаргъей лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Бланэукъхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бланэукъ
Латин цӀэр
Gypaetus barbatus Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
Thumb


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175483
NCBI 33610
Close

Теплъэр

Пщэр, щхьэр, бгъэгур — тэху-гъуэжьыфэщ; пэ щӀагъым цы щабэ гуэрэн кӀыхь щӀэтщ жьакӀэм ещхьу, тхыцӀэр — щхъуэ-гъуабжафэщ; цыпкъхэр хужьщ. Нэ хъуреягъым ӀупщӀу къекӀуэкӀ «Ӏэлъын» плъыжьыбзэм, армырами зи теплъэ шынагъуэ къуалъэбзу абрагъуэм нэхъри къанлыфэ къытрегъауэ. ЗэрыхуагъэфащэмкӀэ, бланэукъым и «фащэм» апхуэдэ теплъэ къыщищтэр зыбжанэрэ цы ипхъыжа нэужщ (и ныбжыр илъэситхум нэсауэ).

ЦӀэр къызхэкӀар

ФӀэщыгъэм «бланэ зыукъ (зыукӀ)» жыхуиӀэщ. Абым нэмыщӀыу цӀэ иӀэр БгъэжьакӀэщ.

Здэпсэухэр

Щопсэу Еуропэм, Африкэм, Азиэм я къырыщхьэхэм, лъэтэжкъым. Щогъуалъхьэ къыр дапхъэхэм, къыр зэгуэкӀыпӀэхэм. Абгъуэр нэхъыщхьэу къуацэм, удзыпкъэ гъущэм къыхех.

Хъумэн хуэй Тхылъ плъыжьым ираха щхьэкӀэ илъэс къэс и бжыгъэр нэхъ мащӀэ мэхъу, и нэхъыбэм ар цӀыхум и ӀэщӀагъэу, и лажьэу.


Ӏусыр

Къаукъаз бланэукъым и Ӏус нэхъыщхьэр псэущхьэ лӀахэрщ. Ятоуэ псэущхьэ сымаджэхэмрэ лъэрмыхьхэмрэ.

Тхылъхэр

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.

Wikiwand in your browser!

Seamless Wikipedia browsing. On steroids.

Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.

Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.