From Wikipedia, the free encyclopedia
Бланэ (лат-бз.: Alces alces, ур-бз.: Лось) — къэкӀыгъэшх псэушъхьа, шэрыпӀ, шъыхь лъэпкъым ящыщ.
Бланэ | ||||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||||
|
||||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||||
Alces alces Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||||
|
Бланэхъум икӀыхьагъыр м. 3 носыр, илъэгагъыр м. 2, 3, икӀапэр см. 12 - 13, ихьалъагъыр кг. 360 - 600; Урысейм идей КъуэкӀыпӀэ Джыжьэмрэ, Канадáмрэ кг. 900 носхэр. Бланэбзхэр нэхъ цӀыкӀу щытхэ. ИзэфӀэтыкӀэмкӀэ бланэхэр яшъхьащокӀыр пэмыкӀ шъыхьхэм куэдкӀэ. Ипкъымрэ ипшъэмрэ кӀэкӀыу щыт, икӀыбым джабэ тет, лъакъуэхэр кӀыхь Ӏэуэ щыт, абы шъхьакӀэ псы щефэнум идежь псым кууэ хэхьан хуэй иэ лъэгуанджэмышъхьакӀэ увын. Ишъхьар ину щыт, пэшхуэ пыту, Ӏупашъхьар ину, къыпылэлу щыту. Ифэр гъуабджэ-фӀыцӀу щыт, лъакъуэхэр псыфэнэхуэ щыт, хужьым нэхъ хуэкӀу.
Бланэхъухэм ин Ӏэуэ ( иджырей шэрыпӀпсэушъхьахэм я нэхъ ин ) бжъакъуэ ятет, я кӀапэ зэхуакухэм см. 180 дэлъу носыр, я хьалъагъыр кг. 20 - 30. Илъэс къэс бжъакъуэхэр похур шъакӀуэгъуэ - дыгъэгъазэхэм, гъатхэпэ – мэлыжьыхьам бжъакъуэкӀэ къытекӀэн кӀадзэ. Бланэбзхэр бжъакъуэншэ.
Бланэр инэхъыбэм мэзхэм щопсоу ШӀыгум и Ишъхъэрэ, нэхъ макӀыу мэзкъуихэм, губгъуэхэм. Еуропэм здэпсохэр: Лэхьыйм, Балтикэ къэралхэм, Чехым, Урысыхум, Хуэхуэлейм, Скандинавхэм, Урысейикум; Азиэм - Ишъхъэрэ Монголым, КъуэкӀыпӀэ Хъутэйм къыщыкӀэдзауэ Ишъхъэрэ Сыбырым нэгъунэ. Ишъхъэрэ Америкэм идей Аласкэм, Канадáм, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэм нэгъунэ АШЗ-м иштат Колорадом нэгъунэ.
Урысейм щыпсор мин 730 хуэдиз (дунем тетым иныкъуэм хуэдиз), езы дуней псом тетыр милыуан 1, 5 хуэдизу ялъытэ.
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.