From Wikipedia, the free encyclopedia
Амфи́биэхэр (лат-бз. Amphibia) — джабэрыӀэ псэушъхьэ лъакъуиплӀхэм ящыщ.
Амфибиэхэр | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Amphibia | ||||||||||||||||
ХэкӀ къуэдзэхэмрэ инфрхэкӀхэмрэ | ||||||||||||||||
Лисамфибиэхэр (Lissamphibia)
† Батрахозаурхэр (Batrachosauria)
† Лабиринтодонтхэр (Labyrinthodontia)
† Джабэпсыгъуэхэр (Lepospondyli)
|
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
Амфибиэхэм я шӀыпӀэтхыпхъэ, лӀэужъыгъэ исхэм я бжыгъэр гъэлъэгъуауэ. | ||||||||||||||||
|
Амфибиэ гупыр шӀым щыпсо джабэрыӀэхэм я нэхъ примитивхэм ящыщхэ, шӀым тесхэмрэ псым хэс псэушъхьэхэм я зэхуакум итху. ЛӀэужъыгъу зэрзэхэкӀхэр 6, 400 хуэдиз[1].
Амфибиэхэм я фэр цӀанлъу, пӀакӀыу щыт, хуэлъытэгъуэ бышъмэ псымрэ гасхэмрэ тынчу пхыригъэкӀыу. Я фэр псэушъхьэ джабэрыӀэпсом ям хуэду щыт эпидермисымрэ — куэду зэхэлъу къыхэкӀыу, езы фэрмрэ — кориум.
Къумшъхьэхэр я Ӏэплъэпкъым щыуэ зэхэгъэкӀа — шъхьэ, пкъы, кӀапэ (зиӀэхэм), Ӏэхъуамбитху зыпыт лъапэхэр джоуэ. Къумшъхьэпкъыр лъэныкъуэ зэрзэхэкӀыр:
Ӏэплъэпкъым и лыпцӀэхэр тӀууэ зэхокӀхэр: пкъым и лыпцӀэхэр, лъапэхэм я лыпцӀэхэр джоуэ.
Жьы зечэным Ӏэплъэпкъым щыщу хэтхэр:
Лъынтхуэгъуэр я зэхэтыкӀэр «зэтеубыдауэ» щыт, гур шъхьищу зэфӀэт, шхьэм лъыр зэхэлъаду. Я кӀыфэм и хуэбагъым зызэрихъуэкӀыу щыт, дуней здещыӀэм и хуэбагъым хуэлъытауэ.
Лъынтхуэхэр:
ШхынгъэткӀу
Амфибиу хъуам я шхыну щытыр псэушъхьэ къуэдейхэра. ЖэкӀуэцӀым и лъэгум бзэгур ит. КӀапэншэхэм яде ар жьэпхъэбгъу кӀагъым и пэмкӀэ кӀэрыубыдауэ щыт, хьэпӀацӀэхэр щаубыдкӀэ бзэгур къырадзыр жэм, и кӀапэм иубыдыр кӀэрыпкӀыу.
ЖэкӀуэцӀым Ӏупс гландэхэр Ӏохьэ, абыхэм я зэхэлъыкӀэр шхынгъэткӀугъэ ферментыншу щыт. ЖэкӀуэцӀым йокӀри шхыныр ныбэлынцӀымкӀэ кӀапцӀэм накӀуэр, абым яуж тӀуанэ кӀэтӀим (лат-бз. duodénum) носыр. Абдем дежь тхьэмкӀыгъумрэ панкрэамрэ (лат-бз. pancreas) я хэжыпӀэхэр пыт. ШхынгъэткӀуныр кӀапцӀэмрэ тӀаунэ кӀэтӀиймрэ щокӀуэкӀ. КӀэтӀий зэвыр куэтэным хохьэ, ар бгъуэ хъууэ клоакэ мэхъужь.
Амфибиэхэм я гъашъэр зыужьыгъуиплӀу зэхокӀыр: джэдыкӀэ, хупс, метаморфозис зэманыгъуэ, имаго.
Амфибиэхэм я джэдыкӀэхэр бжъэжъейхэм ям хуэдуи фэ быдэ псы пхэзмырыгъэкӀ яӀэкъым. ДжэдыкӀэм хупсыр иришъэн шъхьэкӀэ счыгъуи псыфу щытын хуэй. Амфибиэхэм я нэхъыбэм я джэдыкӀэхэр псыӀудзэхэм халъхьэ, ауэ апхуэду зымышъхэри щыӀэ: цецилиидахэр, Амфиума хьэндыркъуакъуэр, саламандрэшхуэхэр пэмыкӀхэр амфибиэхэм джоуэ я джэдыкӀэхэр шӀым щагъэтӀылъ. Апхуэдэм дежьи джэдыкӀэхэр псыфу счыгъуи щытын хуэйхэ, апым пылъхэр псэушъхьэ зыгъэтылъахэра. ЛӀэужъыгъуэ джэдыкӀэхэр я кӀыфэм телъу зезыхьи щыӀэхэ: хьэндрыкъуакъуэ лъхуэнпӀэным джэдыкӀэхэр и ныбэм кӀэрылъу зэрехьэ, алитес (лат-бз. Alytes) хъум джэдыкӀэ псэуэ зэрыдзахэр и лъапэм ечэкӀауэ къырехьэкӀхэ[2].
ДжэдыкӀэхэм хупсхэр къокӀхэ, псым хэсху, щыпсоху. Я сурэткӀэ хупсхэр бжъэжъейхэм яхьчу щытхэ: лъапэ япытхэкъым, жьыр бранкиэхэмкӀэ ячу (япэ кӀышъэ ябгъухэмкӀэ тетхэр, яужым якӀуэц хъууэ); я гур шъхьитӀу щыт, лъырыжэр зы хъуреягъкӀэ ирикӀу.
Метаморфозисыр къащехъулӀэм дежь хупсхэр имаго мэхъухэ, шӀым щыпсоун кӀадзу. КӀапэншэ амфибиэхэм я метаморфозисыр кӀэху йокӀуэкӀыр примитив саламандрэхэмрэ амфибиэ лъапэншэхэмрэ ялъытамэ, абыхэм яр кӀыхь Ӏэуэ мэхъур[3].
Я нэхъыбэм гъашъэхэр псыфыпӀэхэм дежь щокӀуэкӀыр, шӀы тесынымрэ псы хэсынымрэ зэдагъакӀу, ауэ псы къуэдем хэсу зэрщыӀэхэм хуэдууи шӀым тес къуэдейхэри щыӀэхэ (жыгхэм). ШӀым щыпсоуным амфибиэхэр зэрхуэмыгъэпсам шъхьэкӀэ я псоукӀэм зэхъуэкӀыгъэшхуэхэр яӀэ дуней къэхъугъэхэм япхауэ. Амфибиэхэр жеин кӀыхьым хохьэфхэ зэманыгъэ къамызэгъ къахъулъэмэ (шӀэӀэ, уэгъу къеуэмэ). ЛӀэужъыгъуэ гуэрэхэм джэщ псоукӀэр махуэкӀэ зэрахъуэкӀыфыну джэщхэр шӀыӀэ хъумэ. Амфибиэхэр щыпсоуфхэр дуней здыхэсыр хуабу щыт къуэдеймэ. Температурэ +7 — +8 °C дежь лӀэужъыгъуэхэм я нэхъыбэхэр мэудэрэшхъуэхэ, −2 °C — хокӀуадэхэ. Амфибиэ гуэрэхэм зырагъэсауэ шӀэӀэгъуэ кӀыхьхэри, уэгъу гугъхьэри яхьыфыр, абым пэмыкӀыу Ӏэплъэпкъым яфӀэкӀуэда лъэныкъуэ гуэрэхэри регенерациэ яшъыжьыфыр.
Иджырей амфибиу хъуар имаго щыхъухэм дежь шъакӀуэхэм ящыщхэ, яшххэр псэушъхьэ цӀыкӀухэр: хьэпӀацӀэхэмрэ джабэрыншэхэмрэ, куэду канибылизыми къохъур.
Иджырей амфибиэхэр лъэпкъищу зэхокӀхэ:
Seamless Wikipedia browsing. On steroids.
Every time you click a link to Wikipedia, Wiktionary or Wikiquote in your browser's search results, it will show the modern Wikiwand interface.
Wikiwand extension is a five stars, simple, with minimum permission required to keep your browsing private, safe and transparent.