Азгъэбзэ
From Wikipedia, the free encyclopedia
Азгъэбзэ (азгъэбзэкӀэ; аҧсуа бызшәа, аҧсшǝа) — азгъэ лъэпкъхэм ябзэ, Азгъей къэралым, Тыркум, Иорданым, Шамым, Иракым, Урысейм. Бзэ нэхъ игъунэгъур абазэбзэ, зыхэтыр азгъэ-адыгэ бзэхэм я унагъуэм, абазэбзэмрэ адыгэбзэмрэ щымыхъукӀэ убыхыбзэри зыхыхьар.
Азгъэбгэ | |
---|---|
Зэрзэджэр: | Аҧсуа бызшәа, Аҧсшǝа |
Къэралхэр: | Азгъей, Урысей, Тырку, |
Статус официалыр: | Азгъей |
Ирипсалъэхэм я бжыгъэр: | ~ 125 000 |
Классификациэ | |
Категориэ: | Еуразиэм и бзэхэр |
Ищхъэрэкъаукъаз унагъуэшхуэ (псом къамылъыта)
| |
Тхыбзэр: | кирилл хьэрыф (азгъэ хьэрыфылъэ) |
Бзэ кодхэр | |
ISO 639-1: | ab |
ISO 639-2: | abk |
ISO 639-3: | abk |
Азгъей къэралым бзэмкӀэ цӀыху мин 100 хуэдиз мэпсалъэ, къэралъым ибзэӀаташъхьу щыт (1994 гъэм къыщыкӀэдзауэ). Ауэ 1989 гъэм азгъэбзэр анэдэлъхубзу зыхуэхъутэр 17, 8 % джылу дэсам, азгъэ-хъырцей зауэм яуж 1995 гъэм 50 % джылэм. Тыркум 1965 гъэм къэрал джылэ бжыгъэ ирагъэкӀуэкӀамкӀэ азгъэбзэр иэ абазэбзэр анэдэлъхубзу джэуапу зытар цӀыху 4, 563 (абым псори зыбзу ялъытэ - abaza) цӀыху 7, 836 етӀуанэ бзэуэ джэуап ята, а псори зэрщытым хуэмыду, нэхъ макӀыу къаӀуэтауэ ялъытэ, 1993 гъэм абазу дэсыр мин 35 къалъыта. Урысейм азгъэбзэкӀэ псалъу дэсыр цӀыху 9,447 къыкӀэкӀа.
Абы хуэду къызэркӀэкӀымкӀэ азгъэбзэмкӀэ псалъу хъур цӀыху мин 120-130 хуэдиз. Мин 500 - 600 шхуаӀар къэгъэхъуауэ къыкӀэкӀа, абы зэр гугъэмкӀэ адыгэхэр (кӀаххэмрэ, къэбэрдейхэмрэ) хагъэхьахэ.